Календарь событий

30 марта 2024

Лажьэхэри ягу къок Iыж

 

Мэлыжьыхьым и 1-м социальнэ пенсэхэр хагъэхъуэнущ. Ахэр зратыр ирикъуу лэжьыгъэ стаж зимыIэхэрщ, ныкъуэдыкъуэхэрщ, зыпIын зыщхьэщымытыж унагъуэрщ. Ику иту апхуэдэ пенсэхэм проценти 7,5-кIэ заIэтынущ, ауэ ахэр нэхъ тэмэму зэлъытауэ щытынур  щIыналъэм   упсэун  папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуейуэ щIыналъэм щагъэувамрэ абыхэм пенсионер щхьэхуэхэм папщIэ щыIэ льготэхэмрэщ. Ар хъарзынэщ.

Къыхэзэгъэну пIэрэ?

Иджыблагъэ Москва и Iэгъуэблагъэм щызэхащIыхьа террорист щIэпхъаджагъэ хьэлъэм ди жылагъуэр игъэгулэзащ. ЦIыхухэр йогупсыс: жэгъуэгъухэр ди куэдщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, абыхэм ди бийуэ зэхалъхьэ мурадхэр щхьэ къызэпамыудыфрэ? Щхьэ ямыхъумэрэ цIыху зэхуэсыпIэхэр? Сыт хуэдиз ди гъащIэм и уасэр? Бзаджэнаджэхэр къызэраубыдар, дауи, хъарзынэщ, ауэ хэкIуэдахэр къыпхуэгъэхъужыну? УпщIэхэр гъунапкъэншэщ.

ЛIыхъужьыгъэм и щапхъэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ мы гъатхэпэ махуэхэм илъэс 80 ирикъуащ.

Къэбард Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1920 гъэм дыгъэгъазэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэу адэ-анэншэу къанэри, и къуэш нэхъыжь Къубатийрэ абырэ зэрыбыным я нэIэ тету къэхъуащ. Къэбард Хэкум и къуэ пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу щытауэ къаIуэтэж.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

   Шыкъ Анжелэ Башир и пхъур Прохладнэ суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ

«Урысей Федерацэм щыIэ зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

Адыгэбзэм и дахэрэ и IэфIрэ зыхозыгъащIэ

Ди нэхъыжьыфI Жэмыхъуэ Iэбубэчыр адыгэбзэ дахэкIэ тхэ, гупсысэ куу зиIэ, зэгъэкIуауэ ар тхылъымпIэм нэзыхьэсыф цIыхущ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ «Iуащхьэмахуэ» журналым. Иджы мурад тщIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и электрон къыдэкIыгъуэм еджэхэми абыхэм ящыщ зы я пащхьэм итлъхьэну. Фигу ирихьмэ, ди гуапэщ.

 

ЖЭМЫХЪУЭ  Iэбубэчыр

ГУКЪЕУЭ

Iуэтэж

Псатхьэм къыщигъэзэжынур

Ди нэхъыжьыфIхэм ятеухуа гукъэкIыжхэр, абыхэм я гуащIэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр уасэ зимыIэщ. Махуэ къэси я гугъу пщIыми къызэмыкуэдэкIыну цIыху гъуэзэджэхэр зэи дигу ихуркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал гъуэзэджэщ газетри, абы и лэжьакIуэхэм апхуэдэ зы щхьэусыгъуи зэрыбламыгъэкIынум яужь итщ. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур теухуа газет напэкIуэцI згъэхьэзыру «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ селъэIуат абы теухуа тхыгъэ мыин дыдэ схуитхыну. Налом и ныбжьэгъуу къилъытэу щыта бзылъхугъэм игъэхьэзырар хуабжьу сигу ирихьат.

Сабийхэм я шынагъуэншагъэр къызэрагъэпэщ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу мыхьэнэшхуэ зрат Iуэхугъуэхэм ящыщщ школхэм, училищэхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь, зыщагъэпсэху щIыпIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр.

Зэгъусэу Iуэхум йолэжь

Нобэ дунейм и щIэныгъэлIхэр егъэпIейтей хышхуэхэм ягъуэт щIыуэпс зэдзэкIыныгъэхэм. ИпэкIи и гугъу фхуэтщIауэ щытащ пластик кIэрыхубжьэрыхуу хы Щэхум хэлъым и хьэлъагъыр тонн мелуани 100-м зэрынэсам. Апхуэдэ щытыкIэр къызэтеувыIэркъым икIи абы и инагъым (километр зэбгъузэнатIэ мин 600) илъэс къэс хохъуэ. Мыпхуэдэ бжыгъэхэми куэд къыбжаIэ - зы дакъикъэм къриубыдэу дуней псом пластик къэп къудейуэ тонн мелуан 380-рэ къыщыщIагъэкI.

Хамэ къэралхэм зэрадэлажьэм фейдэ къыпокIуэ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ иджыблагъэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм маркетингымрэ къэрал щIыб зэпыщIэныгъэхэмкIэ и Департаментым и унафэщI Богацкая Севиль.

НОБЭ

Гъатхэпэм  и 30, щэбэт

♦Урысей вулканологхэм я махуэщ

♦1934 гъэм къалъхуащ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд.

♦1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дэбагъуэ Хьэсэн.