Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

   Шыкъ Анжелэ Башир и пхъур Прохладнэ суд районым и суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж судыщIэм и къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ

«Урысей Федерацэм щыIэ зэзыгъэкIуж судыщIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законым и 7-нэ статьям, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Конституцэм и 100 статьям и 1-нэ Iыхьэм и «х» пунктым япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

  1. Шыкъ Анжелэ Башир и пхъур Прохладнэ суд районым и  суд участкэ №2-м и зэзыгъэкIуж  судыщIэм и къулыкъум илъэсищ пIалъэкIэ гъэувын.  

 2. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м

№821-П-П

 

          2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ  министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм и отчетым теухуауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ

 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ  Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэныр   пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Крючков В.Г. ищIа отчетым хэплъауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым  унафэ ещI:

 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм ищIа отчетыр зэгъэщIэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м

№822-П-П

 

            2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм  зэфIигъэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетым хэплъауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и КъэпщытакIуэ-къэзыбж палатэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм теухуа отчетыр зэгъэщIэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м

№832-П-П

 

«2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр  Республикэм законхэр къыщащтэным и Iуэхум и щытыкIэм теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладым и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и  Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

  1. «2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыщащтэным и Iуэхум и щытыкIэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и докладыр къэщтэн.
  2. «2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм законхэр къыщащтэным и Iуэхум и щытыкIэм  теухуа» докладым и электрон теплъэр «Интернет» информацэ-телекоммуникацэ сетымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и официальнэ сайтым илъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и  Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м

№833-П-П

 

          Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм теухуа Положенэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Аргуэру къызэрыхахам кърикIуахэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и деж щыIэ ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм лIыкIуэхэр  хэгъэхьэн:

Аристов Георгий Виталий и къуэр  - «Къэбэрдей-Балъкъэр  гуманитар-техникэ колледж» къэрал бюджет профессиональнэ еджапIэ IуэхущIапIэм студент управленэмкIэ и советым

Афашоков Ислам  Исмахьил и къуэр - щIыналъэм зегъэужьынымкIэ псэуныгъэм тещIыхьа «ДызылъэIэс дуней»  коммерцэу щымыт автоном зэгухьэныгъэу Налшык къалэ округым щыIэм

Гызыев  Iэдэм Ахъмэт и къуэр - «Май  муниципальнэ районым и щIыпIэ администрацэм  егъэджэныгъэмкIэ и управленэ" муниципальнэ IуэхущIапIэм

Жылэтеж Ислам Умарбэч и къуэр - «Шэрджэс Ренессанс» Адыгэ щIалэгъуалэм зегъэужьыным щIэгъэкъуэн хуэхъунымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм

Пестич Елизаветэ Сергей и пхъур - «Бэрбэч Хь.М. и цIэр зезыхьэ  Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал  университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт  къэрал федеральнэ бюджет еджапIэ IуэхущIапIэм и педагог колледжым и студент советым

Фрий Алим Мурат и къуэр - «ЗАХУАГЪЭ ЗДЭЩЫIЭ УРЫСЕЙ-ПАТРИОТХЭР-ПЭЖЫМ ПАПЩIЭ" Социалист политикэ  партым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ щIыналъэ къудамэм

Ерчэн Аслъэнбэч Жамболэт и къуэр -  «ЦIыхубэм и къарур узыншагъэщ» Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм.

2. Мы  унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм  щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ

Налшык къалэ

2024 гъэм гъатхэпэм и 21-м

№831-П-П

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Поделиться: