Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм  и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэу «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщI лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым теухуа Положенэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» 2015 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м къыдигъэкIа Указ №49-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам икIи Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Инвестицэхэмрэ хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2020 гъэм щэкIуэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №151-УГ-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:

а) Советым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн:

Уэрыш С. А. - щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ (зэрызэгурыIуам тету)

Вэрокъуэ З. В. - «Газпром межрегионгаз Налшык» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету)

Нэхущ А. Т. «Промсвязьбанк» акционер обществэ зэIухам и Ставрополь къудамэм и «Къэбэрдей-Балъкъэр» IуэхущIапIэм и унафэщI нэхъыщхьэр

Цемахович А. А. «КАВКАЗ. РФ» акционер обществэм и унафэщI нэхъыщхьэм и япэ къуэдзэр (зэрызэгурыIуам тету);

б) Балэ А. М. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Фрукт-Трейд» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэр къызэIузыхар» (зэрызэгурыIуам тету);

в) Вындыжь Ч. Хь. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Авант-Алко» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэм и унафэщI нэхъыщхьэр (зэрызэгурыIуам тету);

г) Къаздэхъу А. Б. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Промышленникхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я союз» лэжьапIэ зытхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэм и унафэщIыр» (зэрызэгурыIуам тету);

д) Джыназ Р. А - А. и къулыкъур мыпхуэдэу тхын: «Отбор» секлекцэ-жылэгъэкI центр» жэуап зэпыгъэщхьэхукIа зыхь обществэр къызэIузыхар» (зэрызэгурыIуам тету);

е) Советым хэгъэкIын Баранов А. А., Къэрмокъуэ Хь. М., Лъэпщ Р. В., Хьэжу В. С.

2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек

Налшык къалэ

2024 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м

№19-УГ

Поделиться: