Жылагъуэ

Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр

Экономикэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэр зи нэIэ щIэт Новак Александр видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ иджыблагъэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэр къызэгъэпэщынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм. 

Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

Я нэхъ шынагъуэм полъэщ

ГъэщIэгъуэнщ

Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 
Азау хуейм хьэпшыпхэр къыщипхын папщIэ уилъадэ хъунущ, дакъикъэ 30-кIэ пщIэншэу уит хъунущ, адэкIэ, зы сыхьэтыр – сом 500, жэщ-махуэр сом мини 3. 

Дыщэ зыхэлъ гъавэхэкI

Дуней псом цIыхуу тетым я зэхуэдэ ерыскъы къызэрымыгуэкIыу къалъытэ нартыхум медицинэми увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Абы и хьэдзэхэр РР, Е, Д, К, В, ВI, В2 витаминхэмкIэ, аскорбиновэ кислотамкIэ, нартыху сэмбхэр калий, кальций, фосфор, гъущI, магний пкъыгъуэхэмкIэ къулейщ, и белокым хэлъщ триптофан, лизин аминокислотахэр. Нартыху цIынэ грамми 100-м клетчаткэу грамми 2,5-рэ, гъэвам грамми 2,7-рэ  хэлъщ. Абы къыхэкIыу ар хуэсэбэпщ лъатэ, кIэтIий узхэм.

Республикищым ис лъэпкъ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу адыгэхэм я Нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Даур Борис етхыж Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэхэм щыпсэу Даурхэ я лъэпкъым щыщ нэхъыжьхэм кърахьэжьа Iуэху дахэр зэрекIуэкIар. 

ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэр

Мэлыжьыхьым и 21-м ди къэралым щагъэлъапIэ щIыпIэ самоуправленэм и махуэр. 20I2 гъэм мэкъуауэгъуэм и I0-м абы теухуа унафэм Iэ тридзащ Урысейм и Президент Путин Владимир. 
I785 гъэм а махуэм ирихьэлIэу пащтыхь Екатеринэ «Грамота на права и выгоды городам Российской империи» унафэр къищтауэ щытащ. Ар щIэдзапIэ хуэхъуащ щIыпIэ самоуправленэм теухуа хабзэубзыху Iуэхухэм. 

Макъамэ телъыджэм и лъахэм

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зырар. 

Афэрым, щауэхэ, пщащэхэ!

Санкт-Петербург мы махуэхэм ­щокIуэкI абы щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэтыныгъэр нэхъри егъэфIэкIуэным теухуа фестиваль ин. А Iуэху дахэм хэты-ну, абы и къэпщытакIуэ гупым и тхьэмадэу щытыну ирагъэблэгъащ Дунейпсо Арткомитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI си лэжьэгъухэ! Сигуми си псэми ­къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэмкIэ.
Нобэ фэ фи пщэ дэлъщ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ ­къалэнхэр. Фэ лэжьыгъэм хувиIэ бгъэдыхьэкIэрщ зэ­лъытар цIыхухэм я псэукIэр зыхуэдэнур, экономикэм зэ­рызиужьынур, республикэр зэIузэпэщ зэрыхъунур, гъащIэр зэрефIэкIуэнур. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и къулыкъущIапIэхэм узыншагъэр егъэфIэкIуэным, егъэ­джэныгъэм, гъуэгухэм, щыIэкIэ-псэукIэм епха Iуэху­хэм, къуажэхэмрэ къалэхэмрэ заужьыным хуащI хэлъхьэныгъэр гъэ къэс нэхъыбэ мэхъу. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ