Абы дегъэпIейтей

Таурыхъым хуокIуэж

Абы дегъэпIейтей

ЩIыуэпсым зэраныгъэ къыхуэзыхь пкъыгъуэхэр гъэмэщIэным е  абыхэм я къыщIэгъэкIыныр зэпыгъэуным теухуауэ дуней псом щекIуэкI псалъэмакъхэр нэхъ кIащхъэ хъуркъым, нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, зы хэкIыпIэ пыухыкIам къыщызэтеувыIауэ тети зэкIэ къахэкIыркъым.

Къэрал 70-м нэблагъэм пластикым къыхэщIыкIа пакетхэр къыщыщIагъэкIыжыркъым. АтIэ сыт абы и пIэм къиувэну дызыпагъаплъэр?

Испы унэхэр

КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду ущрохьэлIэ мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа испы унэхэм (дольменхэм). Ахэр я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъыу илъэс мини 5 ипэкIэ псэуахэм.

Япэ дыдэу щIэныгъэлIхэм испы унэхэр хы ФIыцIэ Iуфэрщ къыщагъуэтар. Абы занщIэу гулъытэшхуэ хуащIащ икIи къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэныгъэрылажьэхэм яджыну хуежьащ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэмэ, Кавказыр сыт щыгъуи я плъапIэт хамэ къэрал щIэныгъэлIхэмрэ дунеяплъэ къэзыкIухьхэмрэ, нэгъуэщI щIыпIэ щумылъагъуну телъыджэ куэд а щIыналъэм ущыIущIэну къалъытэрти.

ДжэдыкIэщIэ къыщIагъэкI

 Илъэс блэкIам и иужьрей махуэхэм джэдыкIэм и уасэр дэуеяуэ щытащ. ИлъэсыщIэ махуэшхуэр зэрыгъунэгъум и мызакъуэу, абы щхьэусыгъуэ иIэт - къэралым джэдыкIэр къемэщIэкIырт. Махуэ зыбжанэ дэкIри, ахэр Тыркум кърашын щIадзащ. Ауэ иджы цIыхухэр зыгъэпIейтейр нэгъуэщI Iуэхущ: Китайм джэдыкIэ нэпцI къыщагупсысащ. 

Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр щIэныгъэлIырщ

            Алыхьталэм и нэфI лъэпкъым зэрыщыхуар кърипщIэну зы нэщэнэ щыIэщ: щIэныгъэм хуэщIахэр нэхъыбэ мэхъу. Кавказ Ищхъэрэ ислъам университетым и егъэджакIуэ нэхъыжь, «Мансур» мэжджытым и Iимам Щхьэныкъуэ Анзор шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор зэрыхъуа хъыбарым щымыгуфIыкIа, зи щхьэ лъагэу зримыгъэIэта цIыху куэд къинэжа къыщIэкIынкъым мы махуэхэм ди республикэм.

Узэпсалъэри... узэмыпсалъэри

Телефоныр цIыхухэм я зэхуаку къызэрыдыхьэм дохутырхэми щIэныгъэлIхэми я нэ зэрытехуэрэ мащIэ щIакъым. Сыт хуэдэ шынагъуэ къыпэплъэр къыбгъэдэт цIыхум епсалъэ нэхърэ телефоным «итIыхьыныр» нэхъ къэзыщтэм? «Фаббинг» - аращ дохутырхэм фIащар адыгэбзэкIэ «телефон хабзэншагъэ» цIэм хуэдгъэкIуа узым.
Зи гугъу ящIыр цIыхур телефоным зэрыдихьэхыIуэракъым. НэгъуэщI цIыху щыту, абы щекIуэкIым мыхьэнэ нэхъыбэ езытырщ. И пащхьэ ит уэ укъыфIэIуэхуным и пIэкIэ, «и телефон щIыбымкIэ уи натIэм къеуэрщ». «Уэ нэхърэ си телефоныр нэхъ къысфIэIуэхущ», - жиIэ хуэдэщ абы. Аращ «фаббинг» зыфIащар.

ХэкIыпIэншагъэ

Израилым и дзэм Палестинэм щызэрихьэ лейр къагъэувыIэн мурадкIэ, ООН-м ШынагъуэншагъэмкIэ и советым и унафэщI Гутерриш Антониу зэгухьэныгъэм и зимычэзу зэIущIэ зэхишащ дыгъэгъазэм и 8-м. АрщхьэкIэ дунейпсо цIыхубэр аргуэру пикIуэтащ лей зытехьэр Израилрауэ къэзылъытэ США-м. Урысейм къыбгъэдэкIыу зэгухьэныгъэм и утыкум ихьа Полянский Дмитрий (сурэтым) къэпсэлъа нэужь, цIыхухэр щыту Iэгу еуащ.

Зэ девгъэгупсысыж

Къэрал Думэм и зэхуэсу щэкIуэгъуэм и 25-м екIуэкIам цIыхухэр гуитIщхьитI зыщIа жэрдэмкIэ утыку къыщихьащ Дагъыстэным щыщ депутат Хамзаев БийсулътIан. КъулыкъущIэм урыс лъэпкъым теухуа къэрал хабзэр хъуэжыпхъэу, «россиянхэр» фIэщыгъэр гъэкIуэдыжауэ, «урыс цIыхубэ» псалъэ зэпхар ди къэралым ис псоми ехьэлIэн хуейуэ къелъытэ.

ДэIэпыкъуныгъэр ирагъашэ

«Урысейм и МЧС-м и кхъухь­лъатэ хэхам Эль-Ашир мысыр (египет) къалэм нигъэсынущ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм ис­хэр Газэ секторым и цIыхухэм зэрадэIэпыкъур. 
ФIыщIэ ин яхузощI ар къы­зэзыгъэпэщахэмрэ зыхуахьэсар яIэрыгъэхьэным егугъуа­хэмрэ. 
Ил-76 урысей кхъухьлъатэр Москва и Жуковский аэропортым телъэтыкIащ, ерыскъы­хэкIрэ цIыхухэр зыхуеинкIэ хъуну хьэпшыпу тонн 20 илъу. 
А псор Мазэныкъуэ Плъыжь мысыр зэгухьэныгъэм иратынурэ, абыхэм Газэ секторым щыпсэухэм лъагъэIэсыжыну аращ», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым.

Бгым зыщызыдзыжхэр

Канадэм щекIуэкIа иужьрей къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, цIыху 25-м щыщу зыр «эвтаназие» IэмалымкIэ дунейм щохыж а къэралым. 2024 гъэм щыщIэдзауэ, лIэныгъэр къыхэпхыным уезыхулIэ хабзэхэр къэралым нэхъри нэхъ тIасхъэ щащIыну я мурадщ.

Хъыджэбзыр щIэныгъэ хуей?

Урысей школхэм 2023 гъэм и фокIадэм щегъэжьауэ, гъэунэхуныгъэ щIыкIэу щаджын щIадзащ «семьеведение» зыфIаща дерсыщIэр. ДызыхуэкIуэ илъэсым ар школ программэхэм хагъэхьэнущ.

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей