|
Календарь событий
12 апреля 2024
12 апреля, 2024 - 17:57
Фи унагъуэхэр щрет сыт щыгъуи
ЩIэсыпхъэр щIэсу,
ЛIыр и тегъэщIапIэу,
12 апреля, 2024 - 17:42
Иджыпсту екIуэкI хэхыныгъэ Iуэхухэм нэхъыбэрэ къыщаIэт упщIэхэм язщ щIыпIэ пхыдзахэм щыщ сабийхэмрэ Мэзкуу, Санкт-Петербург хуэдэ къалэшхуэхэм къыщыхъуахэмрэ зэхуэдэу зэрызаужьын, щIэныгъэм нэхъ куууэ зэрызыхагъэгъуэзэн Iэмал зэрамыIэр. Ауэ, ди лъэпкъ Iущыгъэм зэрыжиIэщи, еджэнур - еджэнущ.
12 апреля, 2024 - 16:51
«Талантыр цIыхум къыдалъху» - жаIэ. ПфIэкъабыл ар, хьэмэрэ жыхуэтIэр зэбгъэхъулIэж хъун гуэру уеплърэ, жысIэри, зэгуэр сеупщIат тхакIуэ, усакIуэ Хьэх Сэфарбий. Нэхъыбэу зи гугъу сщIыр тхэн-усэнырт.
Абы къызжиIат а упщIэм и жэуапым теухуауэ «Си хъуреягъкIэ» и тхылъым мыр зэритыр:
«Талантым пэрыуэфын, ар зыубыдын щыIэкъым, жаIэ. Сэ абы къытызохьэ шэч. Адрей псоми хуэдэу, мы дунеижьым зэригъэкIэрахъуэщ талантри. Куэд елъытащ зэманым, щIыпIэм, псэукIэм…
12 апреля, 2024 - 15:41
2023 гъэм щэкIуэкIуэ мазэм къэмыувыIэу сыхьэти 8-кIэ зи щхьэгъусэр зубэрэжьурэ зыIэщIэукIа, Къэзахъстан Республикэм Лъэпкъ экономикэмкIэ и министру щыта Бишимбаев Куандык и судыр ящIэ мы махуэхэм. Дуней псом бзылъхугъэу тетым афIэкIа Iуэху ямыIэжым хуэдэу кIэлъоплъ а судым. Дауи! ПцIы, Iулъхьэ, благъэ жыпIэми, Iэмалу щыIэр къигъэсэбэпу жэуапым IэщIэкIыну мурад зыщIа къулыкъущIэр «пщэфэцкIэ» яфIиубыдащ, хеящIэми ткIийуэ пэщIэуващ зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыгуэкI бзылъхугъэ цIыкIуу, IэмащIэлъэмащIэу узыIуплъэ прокурор Аймагановэ Айжан.
12 апреля, 2024 - 14:39
Лъэпкъ щэнхабзэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдыжауэ и гъащIэ гъуэгуанэр ирихьэкIащ Жылэтеж Сэлэдин. Лъэныкъуэ куэдкIэ цIыху зэчиифIэт ар: кинодраматургт, сценаристт, тхакIуэт, усакIуэт, журналистт. Дэтхэнэми хъарзынэу ехъулIэрт. Тхыгъэ купщIафIэ куэд къыхинащ абы литературэм. И къалэмыр балигъхэми сабийхэми яхуигъабзэрт. Абы и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыщ нобэ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэри.
***
12 апреля, 2024 - 14:01
Къэбэрдей-Балъкъэр телечэщанэ цIэрыIуэр Хьэршым и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблащ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщащ.
12 апреля, 2024 - 12:26
Хы ФIыцIэм и Iуфэм пщитI щыпсэурт: Тамбий и къуэмрэ Бэлэтокъуэмрэ. Я жылэхэр дапщэ хъуми псори зэхуэдитI зэхуращIыкIауэ щхьэж къылъысыр ихъумэжу псэурт. Ауэрэ Тамбий и къуэм къишащ. КъишагъащIэ щхьэкIэ, жылагъуэхэр щихъумэн хуей зэманти, зы мазэ и пIалъэу хъумакIуэ кIуащ. Тамбий и къуэр ежьэу нысащIэ къишагъащIэр къызэрыщIинар Бэлэтокъуэм щызэхихым, лIыкIуэ хуищIащ нысащIэм:
– Услъагъуну сфIэфIу мыпхуэдэ махуэм сынокIуэ, – жиIэри.
12 апреля, 2024 - 10:01
УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Челябинск къалэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. А урысейпсо зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Шыкълъашэ Елдар.
ЗэIущIэм кърихьэлIат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ я бэнакIуэ щIалэрэ хъыджэбзу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.
12 апреля, 2024 - 09:00
«Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэблэгъащ цIыху мелуан епщIанэ хъуа, Ярославль щыщ Панфилов Константин. Абы и гъусэт и щхьэгъусэ Екатеринэ.
- Ар дызыпэмыплъа Iуэхущ. Выставкэм япэу дыкъакIуэу аращ. Абы екIуэлIахэм я мелуан епщIанэ сызэрыхъуар гуапэщ, - жиIащ Панфилов Константин.
12 апреля, 2024 - 07:38
Мэлыжьыхьым и 12, мэрем
ЦIыхум хьэршым япэу лъагъуэ щыхиша дунейпсо махуэу ООН-м игъэуващ
Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэщ
1961 гъэм Гагарин Юрий «Байконур» щаутIыпща «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ.
1929 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIумыхъу Жылэбий.
|