Календарь событий

02 апреля 2024

«Псалъэзэблэдзыр щэбэт къэс тщIыжырт»

Сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ дунейр зэрызэдгъэцIыху анэдэлъхубзэм и мыхьэнэм куэд тотхыхь. Зэ еплъыгъуэкIэ ар хэт и дежкIи гурыIуэгъуэу щытын хуейми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр зыIэщIэхухэр, IэщIыб зыщIхэр щыIэщ. Абы иригузавэхэм Iуэхум и хэкIыпIэр къалъыхъуэну и ужь йохьэ. 

Уасэхэр и пIэм иткъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и потребительскэ индексыр (зы щIыпIэ щхьэхуэм щыпсэу цIыхухэм къащэху ерыскъымрэ хьэпшыпымрэ, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм зэрыхэхъуэ-зэрех щIыкIэр къызэрагъэлъагъуэ Iэмал) 2024 гъэм и мазаем проценти 100,5-рэ хъуащ, абы щыщу ерыскъыхэкIым ейр - проценти 100,6-рэ, унагъуэ хьэпшып, хущхъуэ, н.къ. хуэдэхэм - проценти 100,1-рэ, Iуэхутхьэбзэхэм – проценти 100,6-рэ. Апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ зэбгригъэхащ УФ-м Къэрал статистикэмкIэ и управленэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэм. 

Дэнэ лъэпкъ щхьэхуэхэр къыздикIар?

Ди къэралым хуэдэу зи гъунапкъэхэр ин дуней псом теткъым, ауэ апхуэдиз щIымрэ псымрэ я зехьэнри тыншу къекIуэкIакъым. Зэман жыжьэкIэ дызэIэбэкIыжмэ, абы папщIэ къагъэсэбэпын хуей хъурт Iэмал щхьэхуэхэр, уеблэмэ хабзэм щебакъуи щыIэу. Дауэ мыхъуми, ящIэр щIащIэр Урысей къэралыгъуэм и зыужьыныгъэмрэ цIыхухэм я псэуныгъэр егъэфIэкIуэнымрэт.

ЩIыналъэхэм я щIыуэпсым и щытыкIэр

«Плъыр удзыфэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм иджыблагъэ наIуэ къищIащ «Урысейм и щIыналъэхэм лъэпкъ экологиемкIэ я рейтингым» 2023 - 2024 гъэхэм я щIымахуэм кърикIуахэр.

Бзухэм я дунейпсо махуэ

1894 гъэм абыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Пенсильвание щIыналъэм хыхьэ Ойл-сити къалэ цIыкIум ныбжьыщIэхэм курыт щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ а щIыпIэм и инспектор Бэбкок Чарльзщ. 

Бахъсэн и топджэгу командэм дегъэгуфIэ

Краснодар щIыналъэм хыхьэ Геленджик къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм футболымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ VISTA CUP 2024. Абы ехъулIэныгъэхэр яIэу къикIыжащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм. Ди топджэгу ныбжьыщIэхэр зэпеуэм командихым щаIущIати, абы щыщу плIым щытекIуащ.

Шынагъуэхэм уащызыхъумэ бжыгъэрылъанэ дерсхэр

• Егъэджэныгъэ

«Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм къэралпсо мыхьэнэ зиIэ, бжыгъэр лъабжьэ зыщI щIэныгъэмрэ кибершынагъуэншагъэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIа дерс зэIухахэр щекIуэкIынущ. Ар траухуэнущ аккаунтхэм «IункIыбзэIух» хэмыту узэрыхыхьэфыну Iэмалхэм.

Тхыдэр щыхьэт тохъуэ

Нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ нэхъыбэрэ къыхэхуэ псыцIэхэм ящыщщ Псыжь и цIэр (кIахэ адыгэхэм зэрыжаIэмкIэ – Пшызэ). Тхыдэр щыхьэт тохъуэ Псыжьрэ абы хэлъадэ псыхэмрэ (Лабэ, Щхьэгуащэ, Инжыдж, Адэгум, Уарп, нэгъуэщIхэми) я Iуфэр лъапсэ яхуэхъуауэ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгурыкIуам – ар Кавказ къуршым и дыгъэмыхъуэмкIэ. Кавказ къуршым и дыгъафIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хы Iуфэм щыпсэуа адыгэхэм я щIыналъэм щежэх псыхэми я цIэ куэд ущрохьэлIэ нарт эпосым.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 2, гъубж

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ
Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
1911 гъэм
Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.
1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.
1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.