|
Спорт
25 апреля, 2024 - 14:30
Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.
25 апреля, 2024 - 14:00
Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.
23 апреля, 2024 - 17:03
УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэгурыIуащ илъэсым и шыгъажэ нэхъ нэгузыужь дыдэу къалъытэ «Урысейпсо дерби» цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэр Налшык ипподромым зэрыщызэхэтынумкIэ.
23 апреля, 2024 - 14:06
Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ.
23 апреля, 2024 - 12:26
Дзюдо
Красноярск къалэм Ярыгин Иван и цIэр зэрихьэу дэт спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 63-м я бэнакIуэу 540-рэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ икIи ахэр гуп 14-у гуэшауэ щытащ.
22 апреля, 2024 - 14:11
Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и боксер лъэщу 117-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм дыщэ медалхэр къыщахьащ Пщынокъуэ Ислъам (кг 44-рэ), Жантемрокъуэ Имран (кг 46-рэ), ГъукIапщэ Альберт (кг 50), Фэрзалы Ислъам (кг 90), Къудей Алим (кг 48-рэ), Мэхъуэш Инал (кг 54-рэ), Аспиев Хьэмзэт (кг 66-рэ) сымэ.
22 апреля, 2024 - 13:06
Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы гупурэ гуэшауэ щызэпеуащ я ныбжькIэ илъэс 14 - 15, 16 - 17, 18 - 20-м къриубыдэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ, псори зэхэту 1600-м нэблагъэ, къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 62-м къикIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр цIыху 25-рэ хъууэ хэтащ а зэхьэзэхуэм икIи я ныбжьрэ я хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Марзоев Даниял, Мамий Рэмэзан, Маштегэ Дмитрий, Бахъсэн Темырлан, Жамбей Астемыр, Переясловэ Валерие, Сокъур Арсен сымэ.
22 апреля, 2024 - 12:10
Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ хамэ къэралу 10-м, Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 48-м я спортсмен 2160-рэ.
ГъэщIэгъуэну икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм медаль бжыгъэхэмкIэ етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуащ Блий Изабеллэ, Нэгъуей Алинэ, Блий Эмир, Гуэбэшы Аскэр, Токъуий Алий, Гуэбэшы Арнеллэ, КIэбышэ Ислъам сымэ.
19 апреля, 2024 - 15:59
«НэщIикIыжым и Кубок»-р самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2012 - 2014 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ПкIэнашэ Аслъэн (кг 26-рэ), Чочаев Имран (кг 29-рэ), КъуэщIысокъуэ Сулеймэн (кг 33-рэ), Хьэмырзэ Аслъэнбэч (кг 35-рэ), Гындыгъу Амир (кг 38-рэ), ДыщэкI Дамир (кг 42-рэ), Дрогуэ Амырбэч (кг 46-рэ), Чочаев Инал (кг 50), Шыбзыхъуэ Басир (кг 55-рэ), Гавриш Денис (кг 55+) сымэ.
17 апреля, 2024 - 09:56
Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 13-м я спортсменхэр, я ныбжькIэ илъэс 17 - 18-м щIимыгъуауэ. Ахэр зэпеуащ а спорт лIэужьыгъуэм хыхьэу унэтIыныгъиплIымкIэ.
Страницы
|