Спорт

Урысей чемпионатым макIуэ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпионат иджыблагъэ Налшык къалэм щызэхэтащ. Абы щызэпеуащ цIыхухъу балигъхэр икIи зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ щIыналъэхэм я лIыкIуэу бэнакIуэ 240-рэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу килограмм 79-рэ хъухэм я деж щыбанэ Хьэтанэ Идар ещIанэ увыпIэр къихьащ. Къэрэшей Азрэт килограмм 86-м етхуанэ щыхъуащ.

ЩIалэхэм я тренерхэр Хьэтанэ Хьэсэнбий, ЗэкIуий Арсен, Ажоев Исмэхьил сымэщ.

КIэух зэхьэзэхуэм макIуэ

Шэшэным и Шали къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм студентхэм самбэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр яIэу къагъэзэжащ.

         Соблыр Атмир, КъуэщIысокъуэ Идар, Борий Елдар, Тау Артур, КIуэкIуэ Темырлан сымэ я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуащ.

         Апхуэдэ щIыкIэкIи ди щIалэхэм Iэмал ягъуэтащ СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Чумаков Евгений и фэеплъу студентхэм папщIэ накъыгъэм и 14 – 17-хэм Ярославль къалэм щрагъэкIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну.

Сумом зыкъыщагъэлъагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграмм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м сумомкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы хэтащ республикэм и спортсмени 100-м щIигъу.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыкъыщагъэлъэгъуа гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Иуаз Алихъан, Домбырэ Алан, Темыркъан Атмир, Уэрджынокъуэ Алихъан, Джанукуевэ Элинэ, ЛъэнкIэпIашэ Расим, Гъубжокъуэ Ислъам, Токъумакъ Миланэ, Блий Амир, Абей Алихъан, КъуэщIысокъуэ Кристинэ сымэ.

Суздаль къалэм щытокIуэ

 

Урысейм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Суздаль къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 зи ныбжьхэр - къэралым и щIыналъэ 62-м я бэнакIуэ 600-м щIигъу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм ящыщу зэхьэзэхуэм хэтахэм дыщэ медалищ абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ ХьэщIэлI Нурдин (кг 35-рэ), Къудей Арсен (кг 73-рэ), Лыфыщ Рустам (кг 62-рэ) сымэ.

         Аджырэ Залым, Нэгъуей Азэмэт, Елъчэпар Мурат, Темырчы Темырлан сымэ абыхэм я гъэсакIуэщ.

Ласицкене Марие нобэ етIуанэщ

 

                   Урысейм атлетикэ псынщIэмкIэ и щIымахуэ чемпионат иджыблагъэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ. А лIэужьыгъуэмкIэ къэралым щынэхъ лъэщ дыдэхэр щызэхуэсат атлетикэ псынщIэмкIэ ЦСКА-м щхьэ зытелъ и спорт комплексым. Абыхэм яхэтащ дуней псом щыцIэрыIуэ, Олимп джэгухэм я чемпион, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене (Кучинэ) Марие.

Краснодар медалиплI кърах

«Кубаным и Кубокыр» киокусинкаймкIэ къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Краснодар къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ щIалэ, хъыджэбз 350-м щIигъу, къэралым и щIыналъэ 21-м къикIауэ.

Медаль 51-рэ къытхуахь

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыналъэ 11-м къикIауэ хъыджэбз, щIалэ цIыкIу миным щIигъу щIэбэнащ «Налшык» спорт комплексым и саугъэтым.

ЕсэнтIыгу щызэхуос

Зэзауэ зэхэт бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэпеуэм кърихьэлIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми я спортсменхэр.

Вэрокъуэр псоми йофIэкI

Ди къэралым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ дунейпсо зэ­хьэ­зэхуэ, «ЩIымахуэ Мэзкуу» фIащауэ. Абы хэтащ Урысейм и спортсмен 300-м нэблагъэ.

КърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, зэпеуэм и абсолютнэ ­чемпион цIэр къыфIащащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ Вэрокъуэ СулътIан. IэпщэкIэ абы къиIэта килограмм 92,5-рэ зи хьэлъагъ штангэм и хьэрхуэ­рэгъухэр пэлъэщакъым икIи дунейпсо классымкIэ спортым и мастер цIэр къыхуагъэфэщащ.
Ди щIалэр зыгъасэр Хьэщпакъ Мусарэ Гъубж БетIалрэщ.

Спортым и мастер хъуащ

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт