Я хьэлъагъ елъытауэ

«НэщIикIыжым и Кубок»-р самбэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2012 - 2014 гъэхэм къалъхуа  бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр.

Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ПкIэнашэ Аслъэн (кг 26-рэ), Чочаев Имран (кг 29-рэ), КъуэщIысокъуэ Сулеймэн (кг 33-рэ), Хьэмырзэ Аслъэнбэч (кг 35-рэ), Гындыгъу Амир (кг 38-рэ), ДыщэкI Дамир (кг 42-рэ), Дрогуэ Амырбэч (кг 46-рэ), Чочаев Инал (кг 50), Шыбзыхъуэ Басир (кг 55-рэ), Гавриш Денис (кг 55+) сымэ.

Гуп зэпеуэм япэ увыпIэр Бахъсэным и командэм щиубыдащ, етIуанэр Налшыкым, ещанэр Тэрчым къахьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм зэхьэзэхуэм хэтахэр IэфIыкIэхэмрэ псыIэфIхэмкIэ игъэгуфIащ. Апхуэдэуи зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр, саугъэт щхьэхуэхэр иратащ.

                                               АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.

 

Поделиться:

Читать также: