IифтIар хьэмэ хэщхьэж?ЦIыхум и щхьэм къихьэ гупсысэр зэримыгъэзахуэ щIыкIэ интернет напэкIуэцIхэм нос дызэрыт зэманым. ЕпIэщIэкIыу псалъэ мыхъумыщIэ зыIэщIэкIхэр мымащIэ пэтми, хъыбарыбэ зэпыщIапIэхэм щхьэж и еплъыкIэр утыку кърихьэну Iэмал ирет, апщIондэху нэхъыфIри нэхъ наIуэ къохъу. Апхуэдэ «къэгубжьыкIэ щхьэпэхэм» я щапхъэу жыпIэ хъунущ иджыблагъэ телеграмым къыщыхъея зэдауэм къежьапIэ хуэхъуа гупсысэр.
«Адыгэхэр игъащIэ лъандэм «щэращ», «хэщхьэж» жаIэу къокIуэкI, фэ фэщхьу «IифтIар» жаIэу щытакъым», - жиIэри, зи цIэр къэзымыгъэнэIуа хъыджэбз гуэрым къыфIыдрихьеяр кърикIутащ. Куэдым ар зэрыдаIыгъым и щыхьэту, зэуэ а псалъэуха закъуэм зиубгъуащ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, хамэбзэм хуэерыщ муслъымэн щIалэгъуалэр и шхыдэкIэмкIэ игъэукIытэну хуея щхьэкIэ, а гупсысэ дыдэр шэрихьэт щIэныгъэхэмкIэ доктор Щхьэныкъуэ Анзор нэщI мазэм щытепсэлъыхьа зэIущIэм къыщиIэтауэ къыщIэкIащ зэрымыщIэкIэ:
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 12:00 →
Къуаншэм нэхърэ - хэкIыпIэ
02.05.2024 - 12:25 →
Ди къалэнхэр дыухакъым
25.04.2024 - 15:35 →
Зыгъэгуси зыщыгъэтхъу
22.04.2024 - 15:05 →
Дэнэ фи газетыр къыщытщэхунур?
15.03.2024 - 14:18 →
Таурыхъым хуокIуэж
|