Къуаншэм нэхърэ - хэкIыпIэ

ЦIыху цIыкIум я гукъеуэр къыщаIуатэ хъыбарыбэ напэкIуэцIхэм гъэщIэгъуэн куэдым ущрохьэлIэ. Иджыблагъэ щыхьэт дыхуэхъуащ сабийхэр анэдэлъхубзэкIэ тхылъ зэремыджэфымкIэ анэ хэлъэтыншэхэр зыгъэкъуаншэ щIалэгъуалэмрэ абыхэм папщIэ къыдагъэкI тхылъхэр цIыкIухэр дэзыхьэхыну теплъэм изымыгъэувэф тхылъ тедзапIэхэм яхуэмыарэзыщэ анэхэмрэ зэраухылIа псалъэмакъым.

Уэршэрыр езышэжьар «Тхылъхэм я дуней» тыкуэныр зыгъэлажьэ, фIыщIи щытхъуи зыхуэфащэ, республикэм ис щIалэгъуалэр тхылъым дегъэхьэхынымкIэ лэжьыгъэ къызэрымыкIуэ езыгъэкIуэкI КIуэкIуэ Муратщ.

«ЩIэх-щIэхыу ди тыкуэным мыпхуэдэу къыщыхъуу гу лъызотэ, - къритхащ Мурат кIуэ пэтми тхылъеджэ нэхъыбэм Iэ зыщIадз и телеграм напэкIуэцIым. - Илъэси 6 - 9-м ит сабий зыщIыгъу анэ къокIуэ. ЦIыкIухэм яхуэгъэза тхылъхэр зытелъ дапхъэхэм бгъэдохьэри, хэдэн щIадзэ. Анэр сабийм темыгуплIащIэу, зэрыщытын хуейри апхуэдэущ, и быныр хуит ещI езым и нэр зытехуэ тхылъыр къыхихыну. ИтIанэ дахэу гъэщIэрэщIа, адыгэбзэкIэ е балъкъэрыбзэкIэ къыдэкIа тхылъхэр иригъэлъагъуурэ жреIэ: «Еплъыт, адыгэбзэкIэ ятха тхылъ! Ухуей?» 100-м ящыщу сабий 99-м «хьэуэ» жаIэри, адэкIэ заплъыхьыну кIуэцIрокI. ЦIыкIухэм папщIэ къыдагъэкI щIэнгъуазэхэмрэ таурыхъхэмрэ нэмыщI, сыт сабийр уи бзэм дебгъэхьэхын щхьэкIэ тIэкIунитIэ гугъу зебгъэхь щIэмыхъур? УпщIэр, зэрыжаIэу, зи жэуап семыжьэхэм ящыщщ.

Си сабиигъуэр сигу къызогъэкIыжри, си гум IэфIу илъщ сыщыцIыкIум сызэджа КъуийцIыкIу, Иныжь, Мыщэ и къуэ Батыр сымэ ятеухуа таурыхъхэр, «Уи пщIэнтIэпскIэ къэблэжьар» псысэр, къинэмыщIхэр…»

Сыт хуэдэ жэуап-тIэ цIыхухэм иратыр Мурат «риторическэ» зыфIища и упщIэм?

Куэдым я гум къишхыдыкIащ дзэм еIэзэ дохутыр Болэ Маринэ:

- АдыгэбзэкIэ згъуэт тхылъ псори сфIэфIыбзэу къызощэху. Ауэ апхуэдэхэр зэрымащIэм, зэрымащIэ дыдэм егъэлеяуэ сызэригъэнэщхъейри схуэбзыщIынукъым. Иджыри гу зылъыстари? Ди тхылъ тедзапIэхэм сабийхэм папщIэ къыдагъэкI тхылъхэр езыхэр гъэщIэгъуэну зэхэлъхьа пэтми, сурэткIэ щIагъуэу ягъэщIэращIэркъым. ИтIани, апхуэдэхэри къыдощэхури, дыгъуэлъыжын и пэ дыкъоджэ. Си гуращэ лъапIэхэм язщ адыгэбзэкIэ «макъ тхылъхэр» ягъэхьэзырыныр. Зэи защызгъэнщIынутэкъым абыхэм».

«Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэнращи, - ятх Маринэ акъылэгъу къыдэхъуахэм, - языныкъуэ анэхэр урысэбзэкIэ фIэкIа ямыIэ таурыхъхэм я сабийхэр хамыгъэкIыжын папщIэ, кIуэрыкIуэм тету зэрадзэкIыурэ къазэрыхуеджэрщ».

«Сэ езыхэм сеупщIыххэркъым, - етх Къуэдзокъуэ Чэмал. - Пщыхьэщхьэм зэман къыдызогъахуэри, бзитIымкIи сакъыхуоджэ. Сабийхэр хэгъэдэн зыхуэмей Iуэхухэри щыIэщ, ныбжьыр къэгъэнауэ».

Тхылъеджэхэм игу илъыр яхуиIуэтащ Алинэ зи цIэ хъыджэбзым: «Си анэдэлъхубзэмкIэ, къэбэрдей адыгэбзэмкIэ тха тхылъхэм къызат тхъэгъуэм хуэдэ жыжьэрэ гъунэгъуу нэгъуэщI зы тхылъми игъащIэкIэ къызитынукъым. Сигу хегъэщI адэ-анэхэм ящIэр ящIэжу я быныр а насыпышхуэм зэрыхагъэкIыжым. Ар цIыхум къыщалъхуа щIыналъэмрэ зыхапIыкIа хабзэмрэ хуиIапхъэ лъагъуныгъэр сабийм и гум къипчу, къытепхыу аращ. Иджыпсту къежьа Iэмэпсымэхэр куэдкIэ сэбэп хъунут, шэч хэмылъу, тыншыбзэу щымыт ди бзэри цIыкIухэм ебгъэщIэн, иужькIэ щIэныгъэми дебгъэхьэхын папщIэ».

 «Мурат жиIэ псори пэж дыдэщ, - етх нэгъуэщI зы Муратми. - Си щхьэкIэ, си нанууищми адыгэбзэкIэ тхылъ къахузощэху. Езыхэри куэдыфI анэдэлъхубзэкIэ йоджэ».

 «Сэ зы унагъуэ соцIыху, - къадогуашэ псэлъэгъухэм КIэбышэ Жамболэт, - Iуэху ящIауэ, я нэхъыщIэм анэдэлъхубзэкIэ емыпсэлъэххэу. Я сабий нэхъыжьыр фIыуэ еджэртэкъыми, ар щыцIыкIум адыгэбзэкIэ зэрепсэлъам тралъхьауэ, иджы нэхъыщIэр «зыIэщIамыгъэкIыну» хэтщ, ин хъумэ, «гений» къыхэкIынкIэ гугъэшхуэ ящIу».

Гу зэрылъытэгъуафIэщи, «иджыпсту зыри тхылъ еджэжыркъым», «хэт адыгэбзэкIэ тхылъ хуейр» жытIэурэ, Iуэхум етхьэлIапхъэ гупсысэр IудгъэкIуэт щхьэкIэ, ящэхункIэ мыгугъэу, сабий тхылъ къыдэзымыгъэкI тедзапIэхэри, цIыкIухэр дэзыхьэх тхыгъэхэр республикэм щызекIуэ бзэхэмкIэ зэдзэкIын зэрыхуейм егупсысыпхъэ IуэхущIапIэхэри мэбэлэрыгъ. Апхуэдэ гукъыдэж зиIэхэм я щхьэ закъуэкIэ мы Iуэхур зэфIэкIынукъым. Мы псалъэмакъыр утыку щIэтщIари, ар цIыхубэр щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ хуэгъэушынымкIэ жэуап зыхь IуэхущIапIэхэм зэхедгъэхын папщIэщ.

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: