|
Календарь событий
02 мая 2024
2 мая, 2024 - 16:33
Къэрэшей-Шэрджэсым киокусинкай каратэмкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ Черкесск къалэм щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм я гъусэу абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ставрополь краймрэ я спортсмен 200-м щIигъу, - къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым.
2 мая, 2024 - 15:28
ЦIыхум и щхьэм къихьэ гупсысэр зэримыгъэзахуэ щIыкIэ интернет напэкIуэцIхэм нос дызэрыт зэманым. ЕпIэщIэкIыу псалъэ мыхъумыщIэ зыIэщIэкIхэр мымащIэ пэтми, хъыбарыбэ зэпыщIапIэхэм щхьэж и еплъыкIэр утыку кърихьэну Iэмал ирет, апщIондэху нэхъыфIри нэхъ наIуэ къохъу. Апхуэдэ «къэгубжьыкIэ щхьэпэхэм» я щапхъэу жыпIэ хъунущ иджыблагъэ телеграмым къыщыхъея зэдауэм къежьапIэ хуэхъуа гупсысэр.
2 мая, 2024 - 14:22
Адыгэхэм я нэхъыбэр хэкум щрахум я щэнхабзэм хуабжьу зихъуэжами, я лъахэр ягу ихуакъым. Пэжщ, адыгэ куэди якIэлъыкIуащ япэ ирахуахэм, зы гупи икIащ, гъащIэ нэхъыфI къагъуэтын я гугъэу. Дауэ мыхъуами, IэмалыншагъэкIэщ псоми Хэкур къызэрабгынар: бэлыхьымрэ лъыгъажэмрэ я щхьэр щIрагъэхьат, я гур ираудати, теувахэщ гъуэгу бзаджэм. Абы къащыпэплъамрэ хэхэс хъуа лъэпкъым и щьэм кърикIуамрэ теухуауэ гъэщIэгъуэнщ Дыгъужь ФуIэд и гупсысэхэр: «Псори Хэкум ирахуауэ жыпIэ хъунущ, ипэжыпIэкIи аращ зэрыщытыр: гугъапIэ гуэр къызыхуэмынэжахэм хэкIыпIэу къагъуэтар хамэщI Iэпхъуэнырщ.
2 мая, 2024 - 14:21
«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 10-м я спортсмен 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэсиплIым къыщыщIэдзауэ 17-м нэсу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр гуп зэпеуэм щиубыдащ. Ди каратистхэм дыщэ медалу 9, дыжьыну 15, домбеякъыу 5 къахьащ.
2 мая, 2024 - 14:17
Къаныкъуэ Заринэ и «Iуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романым и редакторщ ХьэцIыкIу Рае. Тхылъым теухуауэ абы къигъэлъэгъуа гупсысэхэм куэдым гу лъыуагъатэ. ГъащIэм къыщыув упщIэ куэдыр щызэпкърыха романым Рае щытотхыхь тхылъым и пэщIэдзэм. Абы щыщ Iыхьэ къытыдодзэ.
2 мая, 2024 - 14:15
Кавказ Ищхъэрэм боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Карачаевск къалэм и «Домбай» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 13 - 14 зи ныбжь щIалэхэмрэ илъэс 19 - 20 хъу хъыджэбзхэмрэ.
2 мая, 2024 - 12:43
Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ. Илъэс къэс а къэкIыгъэм гектар минитхум нэблагъэ ди щIыналъэм щыхухах, мы гъэми ар ягъэмэщIэнукъым, къитащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм.
2 мая, 2024 - 12:41
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къызэгъэпэщынымрэ теухуа республикэ семинар.
2 мая, 2024 - 12:34
Газетеджэхэр нобэ щыгъуазэ зыхуэтщI тхыгъэр зи къалэмыпэм къыпыкIар «Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, абы и къыдэкIыгъуэхэм пэплъэ икIи набдзэгубдзаплъэу щIэзыджыкI бзылъхугъэ щыпкъэ АфIэунэ Ольгэщ. Ар Нарткъалэ щопсэу, и IэщIагъэкIэ филологщ. Ольгэ и тхыгъэ хьэлэмэтхэр нэхъапэми къытехуащ ди газетым. Ахэр ятеухуащ гъащIэм и зэхэлъыкIэм, цIыхухэм я гупсысэхэмрэ гурыгъу-гурыщIэхэмрэ.
2 мая, 2024 - 12:31
IэщIагъэм узэрехъулIэнур куэдкIэ елъытащ ар уи гумрэ уи псэмрэ къызэрыдыхьэм. ФIыуэ плъагъу Iуэхум ухуэщхьэхынукъым, уи зэфIэкIым зэрыхэбгъэхъуэным, нэхъыбэ зэрыблэжьыным сытым дежи ухущIэкъуу щытынущ. АбыкIэ щапхъэщ нобэ ди псэлъэгъу бзылъхугъэр.
2 мая, 2024 - 12:25
Рэмэдан мазэр ирахьэкIыху зыхалъхьа хьэлыфIхэм къытенэным, зэман лъапIэм къащта дуней тетыкIэм емыпцIыжыным жэмыхьэтыр къыхуреджэ Шэджэм ЕтIуанэм дэт мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен.
2 мая, 2024 - 12:21
Накъыгъэм и 2, махуэку
1920 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ щэбэт щIыхьэху щекIуэкIащ.
1934 гъэм Налшык Пионерхэм я унэ къыщызэIуахащ.
1922 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Урыс Хьэталий.
1930 гъэм къалъхуащ «Ленин гъуэгу» (иджы - «Адыгэ псалъэ») газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ТIажь Пётр.
|