Спорт

Спортым и мастер хъуащ

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Екатеринбург къалэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ «А» классым хыхьэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «ДзюдомкIэ уардэунэ» спорт комплексым махуитIкIэ щызэхэта зэIущIэр Совет Союзым и ЛIыхъужь, тIасхьэщIэх цIэрыIуэ Кузнецов Николай и фэеплъу щытащ икIи абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 24-м я бэнакIуэу 250-м нэблагъэ.

Дзюдоистхэр зохьэзохуэ

СССР-м дзюдо, самбэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ и мастер, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и тренер Мелекаев Сифар и саугъэтыр къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха иджыблагъэ Карачаевск къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ илъэс 21-рэ зи ныбжьхэу къэралым и щIыналъи 8-м я бэнакIуи 130-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу спортсменибгъум я зэфIэкIыр къыщагъэлъэгъуащ а зэпеуэм. Абыхэм ящыщу килограмм 73-м щыбанэ Къущхьэ Тамерлан зыхэта гупым къытекIуэн къахэкIакъым икIи дыщэ медалыр къихьащ. Беслъэней Идар килорамми 100 хъухэм я деж ещанэ щыхъуащ.

Туристхэр къыдахьэх

«Туризмэмрэ хьэщIагъэм пыщIа Iуэхугъуэхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу зэфIагъэкIынухэм къыхуаутIыпща мылъкум щыщкIэ Iуащхьэмахуэ лъапэм щыIэ Тегенекли къуажэм иджыблагъэ щагъэуващ псынщIэу зэпкърыплъхьэ-зэпкърыпхыж хъуу унэхэм хуэдэу плIы.

СпортымкIэ министрхэм я зэхуэс

 

Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ округхэм, Урысейм щIэуэ къыхыхьэжа щIыналъэхэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыным теухуа къалэнхэр иджыблагъэ щызэпкърахащ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щызэхаша зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м спортымкIэ и министрым и къудзэ Байсултанов Одес. ЗэIущIэм и лэжьыгъэхэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.

Уфа медаль пщыкIуз кърах

Башкирием и щыхьэр Уфа зэраухуэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу иджыблагъэ а къалэм щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 31-м я спортсмен 1500-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэпеуэм хэтащ цIыху 21-рэ.
Я хьэлъагъ елъытауэ щызэуа гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ  Блий Изабеллэ, Байсиев СулътIан, Блий Эмир, Къущхьэ Инал, КIэбышэ Ислъам сымэ.

Къэзанш Артуррэ Бежан Идаррэ етIуанэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр яубыдащ Глашев Мухьэмэд, Сидакъ Имран, Глашев Муслим, Сыжажэ Дамир сымэ.

Я зэфIэкIыр Рузэ щагъэлъэгъуэнущ

Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я щIалэгъуалэу 150-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм ящыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Тхьэмокъуэ Элинэ (кг 42-рэ), Iусен Къамболэт (кг 45-рэ), Бицу Къантемыр (кг 63-рэ), Гъубжокъуэ Астемыр (кг 73-рэ) сымэ. 

Ласицкене Марие и текIуэныгъэщIэ

СССР-м щIыхь зиIэ и тренер Алексеев Виктор и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Санкт-Петербург къалэм. Спортсмен цIэрыIуэхэр абы щызэпеуащ атлетикэ псынщIэм хыхьэ лIэужьыгъуэ зыбжанэкIэ. 
Ди гуапэ зэрыхъущи, лъагапIэхэм елъэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Ласицкене Марие. Абы къищта метр 1,91-рэ лъагапIэм щхьэпрылъыфын ар зыхэта гупым къахэкIакъым. ЕтIуанэ хъуа Ермаченковэ Татьянэ елъащ метр 1,89-м, ещанэ увыпIэр зыубыда Кочановэ Марие къыхуэщтар метр 1,87-рэщ. 

Орёл зыхуегъэхьэзыр

Кабэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, мазаем и 7 - 9-хэм Владикавказ къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. А махуэхэм Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм щызэпеуащ илъэс 15 - 17 я ныбжьхэу КИФЩI-м и бэнакIуэ 360-м щIигъу.

Уней IуэхущIапIэхэм зыщIагъакъуэ

«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и апхуэдэ IэнатIэхэм пэрытхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм ящыщу 174-м щIыхуэ мыинхэр къыIахыным теухуа зэгурыIуэныгъэу 214-рэ нэгъабэ иращIылIащ, сом мелуан 28,1-рэ я уасэу.

Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-м Биджиевыр макIуэ

Гъэ джэгугъуэщIэм жы­джэ­ру зыхуэзыгъэхьыр «Спартак-Налшыкыр» тренерыншэу къэ­­нащ мы махуэхэм. Иужь­рей илъэситIым командэм ­дэ­лэжьа Биджиев Хьэсэнбий Да­­гъыстэным и Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-м ирагъэблэ­­  гъа­щ.­ 

Страницы

Подписка на RSS - Спорт