Календарь событий

23 апреля 2024

Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ

УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэгурыIуащ илъэсым и шыгъажэ нэхъ нэгузыужь дыдэу къалъытэ «Урысейпсо дерби» цIэр зезыхьэ зэхьэзэхуэр Налшык ипподромым зэрыщызэхэтынумкIэ. 

ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

«Дыщэ джыдэ цIыкIур» зыхуагъэфэщахэри яхэту

Аруан щIыналъэм и мызакъуэу, ди республикэми, къэралми, нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыцIэрыIуэ «Нартхасэ» къэфакIуэ ансамблыр 1966 гъэм къызэрагъэпэщащ. Гуп гъуэзэджэр Нарткъалэ и мызакъуэу, ди республикэми, щыцIэрыIуэщ. Аруан районми абы и къалащхьэми зы щэнхабзэ Iуэхугъуэ щекIуэкIыркъым, гупыр жыджэру хэмыту, и къэфэкIэ екIумкIэ цIыхухэм я гукъыдэжыр къиIэту. 

Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Осетие Ипщэмрэ Осетие Ищхъэрэ – Аланиемрэ я бэнакIуэу 100-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 14-м щIимыгъуауэ. 

Урысейм щынэхъ лъэщхэр

Дзюдо
 

Красноярск къалэм Ярыгин Иван и цIэр зэрихьэу дэт спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 63-м я бэнакIуэу 540-рэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ икIи ахэр гуп 14-у гуэшауэ щытащ.

ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

1-нэ Iыхьэ

Си анэ шыпхъур сымаджэщым кIуат, зригъэплъыну. Сэри къалэм сыщылажьэрти, ар къыщысщIэм, сыкIэлъыкIуащ, и закъуэ дыдэу анализ гъунэншэхэм яужь измыгъэтын папщIэ. КъызэрыщIэкIамкIи, и закъуэтэкъым – си анэр щIыгъут. Си япэ къищат. Сэрыншауи зэфIэкIынут Iуэхури, сыкъежьэжащ. 

Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр

Экономикэ

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэр зи нэIэ щIэт Новак Александр видеозэпыщIэныгъэ IэмалкIэ иджыблагъэ зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ Кавказым и инвестицэ зэхуэсышхуэр къызэгъэпэщынымрэ ар егъэкIуэкIынымрэ зи пщэрылъ къызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм. 

Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ. Абыхэм ящыщ зыщ компьютер Iэмалхэр къагъэсэбэпу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэр. 

Я нэхъ шынагъуэм полъэщ

ГъэщIэгъуэнщ

Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу. ДяпэкIэ зэрыхьзэрий щымыIэу лъэсырыкIуэхэм тыншу къыщакIухьынущ, машинэхэри щIыпIэ хэхам щагъэувынущ. Паркингым деж щыщIэдзауэ кIапсэ гъуэгухэм нэс цIыхухэр шаттлхэмкIэ яшэнущ. Ахэр дакъикъи I0 къэс зэ токI. 
Азау хуейм хьэпшыпхэр къыщипхын папщIэ уилъадэ хъунущ, дакъикъэ 30-кIэ пщIэншэу уит хъунущ, адэкIэ, зы сыхьэтыр – сом 500, жэщ-махуэр сом мини 3. 

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 23, гъубж

Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1943 гъэм
СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим.
1942 гъэм
къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан.