ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

Осетинскэ уэрамым и гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ, уэшхыпс-уэсыпсыр зэрылъэдэну кIэнауэхэр далъхьащ, асфальтыр зытралъхьэну лъабжьэр ягъэхьэзыращ, мывэхэр гъуэгубгъум иджыпсту къыIуалъхьэ. Абы нэмыщI, Налшыкыпсым телъ лъэмыжри зыхуей хуагъэзэж, гъуэгущхьэм тет пкъохэр зэрахъуэкI, ток кIапсэхэр яшэщI.
ЕтIуанэ Таман дивизэм и уэрамри нэхъ бгъуэ ящIащ, бордюрхэр ягъэтIылъащ, кIэнауэхэр храгъэубыдащ, лъэс лъагъуэхэри хашащ. Осетинскэ уэрамымрэ абырэ я зэпыхьэпIэхэри ягъэбыдэж.
Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ уэрамым асфальтыщIэ тралъхьащ, уэрамдэкIхэм я къыхыхьэпIэ-хэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, гъуэгубгъухэр кърагъэбыдэкI. Апхуэдэ лэжьыгъэ дыдэхэри щрагъэкIуэкI Мусукаевым и цIэр зезыхьэ, Молодежнэ уэрамхэми. Балкарскэ уэрамым и гъуэгу щхьэфэр трахащ, иджы ар ягъэбыдэ, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум хуагъэхьэзыр щыIэ мардэхэм ткIийуэ тету. Абы нэмыщI, «Уафэ къабзэ» къэрал пэхуэщIэм хыхьэу уэрамыр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ, пкъохэр, торшерхэр ягъэув, кIапсэхэр яукъуэдий. Хъуран Батий и цIэр зезыхьэ уэрамми асфальтыщIэ тралъхьэнущ, къедзылIа щIыпIэр абы хуагъэхьэзыр.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык и уэрамхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым фокIадэм 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну траухуащ. 
 

 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться: