Календарь событий

10 апреля 2024

ЩIалэгъуэмрэ гугъэмрэ я махуэщI

Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы махуэхэм щIэныгъэм и урысейпсо утыку хъуащ. Налшык къалэм дэт 33-нэ курыт еджапIэм щIы­уэп­сымрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ олимпиадэм и иужьрей уры-сейпсо Iыхьэм къекIуэлIат ябгъэдэлъ щIэныгъэр зды­нэсыр къапщытэну гура-щэ зиIэ щIалэгъуалэр.

ЕгъэджакIуэр ящыгъупщэркъым

КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуа­гъэфэща Ткаченкэ Андрей мэлы­жьыхьым и 6-м фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ ар щыпсэуа Налшык къалэм, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэ №45-м. Ар къызэрагъэпэщащ сурэ­тыщI гъуазджэмкIэ егъэджакIуэ цIэ­рыIуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ. 

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек НэщIикIыж хьидым теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъы­мэнхэм НэщIикIыж махуэ лъапIэмкIэ гурэ псэ­кIэ сынывохъуэхъу! 
КъэщIэрэщIэжыным епха гуфIэгъуэм и нэщэнэщ нэхугъэкIэ гъэнщIа мы махуэш­хуэр, дэтхэнэ зыми и гур фIым къыхуигъэушрэ и псэм и къабзагъым елIэлIэ-ным, цIыхухэм дахэу ядекIуэкIыным, зэныбжьэгъугъэмрэ унагъуэм и лъа­пIагъымрэ яхъумэным, гущIэгъу яхэ­лъыным, адрейхэм ядэIэпыкъуным тригъэгушхуэу. 

Дисанэ и ехъулIэныгъэ

Гъатхэпэм и 28-м Обнинск къалэм щекIуэкIащ еджакIуэхэм я «ЩIалэ­гъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» XXXIX-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «Урысейр гум илъу» Iуэхум ипкъ иту щэнхабзэмкIэ Президент фондым къызэригъэпэща а зэхьэзэхуэм ди лъахэгъу пщащэм 1-нэ увыпIэр къыщихьащ.