Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

ПщIэ зыхуэсщI сенаторхэ, депутатхэ! 

Урысейм и парламентаризмэм и махуэмкIэ сигуми си псэми къабгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
Хабзэубзыху органхэмрэ властым и къулыкъущIапIэхэмрэ къэралым и гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд, социально-экономикэ зыужьыныгъэм лъабжьэ быдэ хуэхъу Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэщыным, Урысейм и щхьэхуитыныгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ хъумэным, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хэлъ­хьэныгъэшхуэ хуащI. 
Иужьрей зэманым парламентым и лэжьыгъэм курых хуохъу дзэ Iуэху хэхар къызэгъэпэщыным теухуахэр. Закон къыдэзыгъэкIхэр еужьэрэкIыу йолэжь дзэ Iуэху хэхам хэтхэм, абыхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, къэралымрэ щIыналъэхэмрэ зэ­пIэ­зэрыту заужьынымкIэ хэкIыпIэхэм. 
Си фIэщ мэхъу урысей парламентархэр зэманым къытхуи-гъэув къалэнхэм дяпэкIи жыджэру зэрыпэджэжынур, ди хэкур нэхъри лъэрызехьэ зыщI лъэпкъ Iуэхухэр зэфIэхыным ехьэлIа лэжьыгъэр зэрызэфIагъэкIыфынур. 
Узыншагъэ быдэ, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щывиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэкум ифI зыхэлъ Iуэхухэр влэжьыну си гуапэщ.

Поделиться: