Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я къезыджэ комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №17-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я къезыджэ комиссэхэм хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «2024 гъэм и гъатхэм цIыхухэр дзэ къулыкъум къеджэныр къызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2024 гъэм гъатхэпэм и 25-м къыдигъэкIа Указ №17-УГ-мкIэ щIэгъэбыдам зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: «КIуащ З. А. - «Узыфэ куэдым щеIэзэ район зэхуаку сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутыр-терепевту дзэ къулыкъум ираджэн хуей цIыхухэм я узыншагъэр медицинэ и лъэныкъуэкIэ щыхьэт техъуэным хуэгъэза лэжьыгъэм и унафэщIыр»; в) Лэскэн муниципальнэ районым и къезыджэ комиссэм и резерв гупым: Къардэн М. М. - «Узыфэ куэдым щеIэзэ район зэхуаку сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутыр-терапевту дзэ къулыкъум ираджэн хуей цIыхухэм я узыншагъэм медицинэ и лъэныкъуэкIэ щыхьэт техъуэным хуэгъэза лэжьыгъэм и унафэщIыр; хэгъэкIын Сэхъурокъуэ С. И., УнэлIокъуэ И. Б., Къардэн М. М.- «Узыфэ куэдым щеIэзэ район зэхуаку сымаджэщ» узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и дохутыр-терепевту дзэ къулыкъум ираджэн хуей цIыхухэм я узыншагъэм медицинэ и лъэныкъуэкIэ щыхьэт техъуэным хуэгъэза лэжьыгъэм и унафэщIыр; хэгъэкIын Гугъуэтыж М. Хь, УнэлIокъуэ И. Б.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|