Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, цIыхухэм яIэрыхьэнукъым фIагъ лъагэ зимыIэ гъэшхэкIхэмрэ псыхэкIхэмрэ.

«Дамыгъэ пэж» системэм и фIыгъэкIэ, розницэ сату щIыпIэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу къаIэрохьэ ящэ ерыскъыхэкIхэм ятеухуауэ щыIэ хъыбархэр икIи абыхэм ехьэлIауэ дагъуэ гуэрхэр къыщIагъэщу щытмэ, псалъэм папщIэ, и пIалъэр икIамэ, кассэм абы и чекыр пхриудынукъым.

Ар зэрыщытыр мыращ: къащэхуну кассэм къыIуахьа ерыскъыхэкIым кассэм хэт программэм сурэт трехри, абы ит хъыбархэм къоджэ, абы теухуа  унафэ адэкIэ къещтэ – ар пхигъэкIынрэ-пхимыгъэкIынрэ. ЗыгуэркIэ, зы секундрэ ныкъуэм къриубыдэу кассэм и программэм хъыбар къыIэрымыхьэмэ, тыкуэным щIэт лэжьакIуэхэм ерыскъыр зыхуэдэр езыхэм абдежым къыщапщытэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, жьы хъуа, зи пIалъэр икIа ерыскъыр щэхуакIуэм деж нагъэсыркъым е зы номеркIэ лIэужьыгъуитI пхагъэкIыркъым.

НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.
Поделиться: