ЛIыгъэ зыхэлътДзыхьмыщI Батыр Хьэжбий и къуэр Старэ Урыху къуажэм 1912 гъэм накъыгъэм и 2-м къыщалъхуащ. Сабийуэ лэжьыгъэ хьэлъэм пэрыувами, щIалэм ар зэран къыхуэхъуакъым къуажэ школым и классиблыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухын папщIэ икIи иужькIэ абы къыхэкIащ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, лэжьыгъэм щымышынэ цIыху нэс. Школ нэужьым Батыр комсомолымрэ партымрэ я Аруан комитетхэм жэуаплыныгъэ зыпылъ къулыкъухэр щрихьэкIащ. Коммунист мэкъумэш школыр зэпэщу къиуха иужь, 1934 гъэм ВЛКСМ-м и Аруан райкомым и секретару хахауэ щытащ.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
|