Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

Урыс физикэ-химие зэгухьэныгъэм 1895 гъэм накъыгъэм и 7-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм физик цIэрыIуэ Попов Александр «уэм хэт электрокъарур псынщIэу зы щIыпIэм икIыу адрей щIыпIэм зэрынэсыр нэрылъагъу зэращI Iэмэпсымэ» щигъэлъэгъуауэ щытащ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм физикэ щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт щIалэгъуалэр зригъэдаIуэ Iуэхугъуэхэр нэхъ зэхэщIыкIыгъуэ ищIын, ядригъэкIуэкI псалъэмакъхэм щапхъэ къахуихьын папщIэ щIэныгъэлIым къигупсыса Iэмэпсымэм, къызэрыщIэкIамкIэ, и зэфIэкIхэр нэхъыбэIуэ хъууэ къыщIэкIащ. Абы пкърыт шэрхъым и джэрэз макъыр пэIудзауэ щыт хуэдэ Iэмэпсымэм еуэж электрокъарум къиIуэтэжырт. Попов Александр и IэщIагъэм тIэкIу елэжьыжа нэужь, уэм хэт электрокъарухэр къиубыдыфу, макъхэр къригъэкIыу, ар зэхэпхыу игъэпсащ. Абы япэщIыкIэ щыблэубыдкIэ (грозоотметчик) еджащ, иужькIэщ абы радио фIэщыгъэр щигъуэтар. Совет къэралыгъуэр зэфIэува нэужь, 1925 гъэм и накъыгъэ мазэм, физик цIэрыIуэм радиор къызэригупсысрэ илъэс 30 зэрырикъур ягъэлъэпIауэ щытащ, ауэ махуэр махуэгъэпсым хагъэувакъым. Ар къыщыхъуар илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIыжауэщ. Радиор дунейм къыщытехьа махуэр къэралым илъэсипщI къэс игъэмэхуэщIащ, ауэ 1980 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ накъыгъэм и 7-р Радиомрэ радиом и лэжьакIуэхэмрэ я махуэу игъэуващ.

Сыхьэт 19-м щегъэжьауэ 00.00-м нэсыху телечэщанэ нурым УФ-м и ныпыр, «Накъыгъэм и 7-р Радиом и махуэщ», «Радиом и махуэмкIэ дынывохъуэхъу!» ежэкI сатырхэр, Попов Александр и сурэтыр, Урысейм телевиденэмрэ радиомкIэ нэтынхэр къэзыт и къэралпсо хъым (РТРС) и дамыгъэр къызэпхидзу техникэм и лэжьыгъэри яутIыпщынущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, нурым идзыну уджым пиксель мини 10340-рэ хъу уэздыгъэ цIыкIухэмрэ нурыдз уэздыгъэшхуэхэмрэ (прожекторхэмрэ) къатещынущ. Абы Iэмал къитынущ нэхум зызыхъуэж плъыфэбэхэр джэгуурэ зэблигъэкIынымкIэ, и пIэм имыкI теплъэгъуэхэмрэ къэзыуфэрэзыхь сурэтхэмрэ зыр адрейм иужь иту уэгум къридзэнымкIэ. Уэздыгъэ цIыкIухэри уэздыгъэдзхэри дунейм и щытыкIэ зызыхъуэжхэм хуэщIащ, псыIагъым щыхъумащ, уэздыгъэ къаруушхуи имышхын хуэдэу гъэпсащ.

Къэбэрдей-Балъкъэр телечэщанэ джэгур къалэ куэдым щыпагъэнэнущ. Абыхэм ящыщщ Мейкъуапэ, Черкесск, Сочи, Назрань, Грознэ, Дон Iуфэ Iус Ростов, Воронеж, Братск, Новгород Ищхъэрэ, Тамбов, Тверь, Омск, Челябинск, Ярославль, Улан-Удэ къалэхэр, нэгъуэщIхэри. Зи цIэ къитIуа къалэхэм дэт телечэщанэхэм хъуэхъубзэхэр хэту нэхур ирагъэдзынущ, Грознэ, Дон Iуфэ Iус Ростов къалэхэм я телечэщанэхэм теплъэгъуэбэу зэхэт гуфIэгъуэ гъэлъэгъуэныгъэхэр къызыхэщ нур джэгухэр зэхашэнущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

Читать также: