Тай боксым дихьэххэм къахохъуэБахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид. Ахэр тепсэлъыхьащ а спорт лIэужьыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Бахъсэн къалэмрэ зэрызыщиужь щIыкIэм, щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы дегъэхьэхын папщIэ щIапхъэхэм, спортсменхэр зыхэта зэпеуэхэм щаIа ехъулIэныгъэхэм, ди щIыналъэм муай-таймкIэ зэхьэзэхуэ инхэр къыщызэгъэпэща хъун щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, нэгъуэщIхэми. Иужьрей зэманым Бекбулатов Рашид и гъэсэнхэм ехъулIэныгъэфIхэр щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щызыIэрагъэхьащ. Абыхэм яхэтщ Дагъыстэным муай-таймкIэ и чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэмрэ щытекIуахэр, етIуанэ-ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэр. Езы тренерыр мызэ-мытIэу дуней псом и чемпион хъуащ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ. Абы нэмыщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым тай боксымкIэ къыщызэIуаха федерацэм и унафэщIу Бекбулатовыр ягъэуващ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, тай боксымкIэ секцэр щылажьэр Дыгулыбгъуей къуажэм иджыблагъэ къыщагъэщIэрэщIэжа ЩэнхабзэмкIэ и унэрщ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
|