Календарь событий

16 марта 2024

Хэхыныгъэхэр хабзэм тету йокIуэкI

Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэхэр мы махуэхэм жыджэру икIи зэIузэпэщу йокIуэкI. Налшык къалэм и курыт еджапIэ №29-м къыщызэIуаха хэхыпIэ №112-м а Iуэхум зэрыщехъулIэм зыхэдгъэгъуэзащ. Абы йокlуалlэ «Горнэ» хьэблэм и уэрам щхьэхуэхэм щыпсэухэр.

КIэлъыплъакIуэхэм хэхакIуэхэм я нэIэ тетщ

Гъатхэпэм и 15-м щыщIэдзауэ 17 пщIондэ, Профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я уардэунэм щолажьэ хэхыпIэ №120-р. Абы екIуэлIащ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ уэрамым зэпымыууэ щыпсэухэр.

ЗэIузэпэщ ящIыну щIыпIэхэр

Гъатхэпэм и 15 - 17-хэм къэ­ралым щекIуэкIынущ зэIу­зэпэщ ящIыну щIыпIэхэр къыхэхыным теухуа Урысей­псо IэIэт. Ар ­ирагъэкIуэкI  Урысейм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа, «Псэ­у­пIэмрэ къалэ уэрамхэмрэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Къалэр тыншыпIэм хуэ­щIауэ къы­зэгъэпэщын» къэрал проектым ипкъ иткIэ.

Нэжэгужэу Iэ яIэт

Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм, къэралым и щIыналъэ псоми хуэдэу, гъатхэпэм и 15-м, пщэдджыжьым сыхьэти 8-м хэхыныгъэхэм и япэ махуэр къыщызэIуахащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, республикэм хэхыпIэ 355-рэ къыщызэрагъэпэщащ. КIэлъыплъакIуэ 893-м я нэIэ тетщ къэпщытакIуэхэм я хуитыныгъэр къызэпамыудыным, хабзэншагъэ къэмыгъэхъуным. ЖыпIэнурамэ, Урысей Федерацэм и Президентыр хэхыным а хэхыпIэхэр сыткIи хуагъэхьэзыращ.

Тэрч щIыналъэм Iэ щаIэт

Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр иджы япэу махуищым тещIыхьауэ ирагъэкIуэкI. Къэрал псом я гъусэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэми Урысейм и къэкIуэнум папщIэ Iэ яIэт.

Зэрыхуэхьэзырыр къепщытэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр егъэкIуэкIыным щIыналъэхэр зэрыхуэхьэзырым теухуауэ щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.

Къэралым и къэкIуэнур я плъапIэу

УФ-м и Президентыр щыхэтх ма­хуищым ипэ къихуэу, Бэрбэч ХьэтIу­тIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гъатхэпэм и 14-м ще­кIуэкIащ «Урысей ­Федерацэм и Президен­тыр хэхыныр - къэралым и къэкIуэныр хэтх пэ­лъы­тэщ» зыфIаща зэIущIэ. 

ЩIыналъэр хэхыныгъэхэм хэтщ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм мы махуэхэм щолажьэ хэхыпIэ 25-рэ. ЦIыхухэр куэду йокIуалIэ Iэ щаIэт щIыпIэхэм, гукъыдэж яIэщ щхьэж фIыкIэ зыщыгугъ кандидатым къыдэщIыну. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Руслан Iэ щиIэтащ 65-нэ хэхыпIэм.

ЩIалэгъуалэр япэ итщ

КъэкIуэнур зейр щIалэгъуалэращ жаIэ. Ар къагурыIуэрэ жэуаплыныгъэ ин яхэлъу президент хэхыныгъэхэм хэтащ республикэм ис щIалэгъуалэр. Псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ зиIэ мы Iуэхум гупсэхуу бгъэдыхьащ Аруан куейм ис щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Езыхэм я ныбжь итхэм щапхъэ яхуэхъумэ нэхъ къащтэу, иджыпсту ди къэралыр зыхуэныкъуэ хэкупсагъэр ягъэлъагъуэу, жьыуэ къыдэкIащ хэхыныгъэхэм я Iыхьэ мащIэр халъхьэну.

Дэтхэнэми тхьы жэуаплыныгъэм елъытащ

Мы махуэхэм къэралым щекIуэкI Iуэху нэхъыщхьэм нэхъ жыджэру хэтхэм ящыщщ Аруан щIыналъэр. Урысей Федерацэм и ЦИК-м къызэригъэувам тету, Iэ щаIэтыну хэхыпIэхэр нэхъ пасэу зыхуей хуагъэзащ икIи зэпэщрэ Iэхуитлъэхуиту дыгъуасэ сыхьэтыр 8-м къызэIуахащ.

ПсэукIэр зэрыщефIакIуэр нэрылъагъущ

Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ. Ди щIыналъэм и унафэщIым къулыкъущIэр щигъэгъуэзащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм.