Абазэ таурыхъхэрIуэрыIуатэ къулей къадогъуэгурыкIуэ абазэхэм - нарт хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ, пасэрей уэрэдыжьхэр, таурыхъхэр, псысэхэр, псалъэжьхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми ныбжьышхуэ яIэщ, лъэпкъ фащэкIэ гъэпсащ, купщIафIэщ. Абазэхэм я гъунэжщ, псалъэм папщIэ, таурыхъхэмрэ псысэхэмрэ. Щыгъуазэ фыдощI Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа апхуэдэ зыбжанэм. Абазэхэмрэ адыгэхэмрэ зэблагъэ дыдэщ - я бзэкIэ, я щэнхабзэкIэ, я лъэпкъ хабзэхэмкIэ, аращ я IуэрыIуатэм зы купщIэрэ зы гъэпсыкIэрэ щIаIэр. Хы Iуфэм Iусащ абазэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ, 13-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ бгым къыщхьэдэхыурэ адыгэхэм нэхъри гъунэгъу къахуэхъуащ. Абазэхэр нобэ щопсэу Къэрэшей-Шэрджэсым хиубыдэ Псыжь, Къубинэ, Елбыргъэн, Инжыдж-КIыкIун, нэгъуэщI жылагъуэхэми. Абазэхэр щымащIэкъым Къэбэрдейми, Адыгейми, хамэ къэралхэми - Тыркум, Сирием, Иорданием. Фыхунэзгъэсмэ Зы джэдуужь жьэгум дэсурэ зы дзыгъуэ шыр къыIэрыхьащ, и лъэбжьанэр щыхиукIэм, дзыгъуэ шырым зилIэжащ. - ЗумылIэж, - жиIащ джэдуужьым. - УкъыщIэзубыдар пщIэрэ? - Сыпшхынурагъэнщ, - мэгъынанэ дзыгъуэ шырыр. - Усшхынукым. Усшхыпэнуми, усхуэшхынукъым: сыкъэплъагъуркъэ - дзэ сIутыжкъым, жьы сыхъуащ. - НтIэ щхьэ сыкъэбубыда? - ДжакIуэ усщIынущи, аращ укъыщIэзубыдар. КIуэи, дзыгъуэ зэрыбыныр къысхуэшэ: сывэкIужын мурад сщIащ. Дзыгъуэ шырым и ани, и къуэши, и шыпхъуи, и благъи - хьэблэм дигъуэтар хуишащ джэдуужьым: - Дишхынукъым, лъапэ къыттрилъхьэнукъым, къыдэкIужын мурад ищIащи, къыдоджэ. Зэрыгъэгушхуэри, дзыгъуэ зэрыбыныр джэдуужьым деж кIуащ. И нэр зэригъэдзэкIри, джэдуужьыр дзыгъуэхэм къахэплъащ - Догуэ, - жиIащ джэдуужьым, - къэпыр щIэвугъуэныр сыт, къэп щхьэпсыр зэпыфшхыкIрэ къэпым илъыр къифхмэ, зэфIэкIыркъэ? - Абы ди акъыл хуэкIуакъым, - жаIащ дзыгъуэхэм. - ДяпэкIэ Iущ дыхъунщ. - Фыхунэзгъэсмэ! - жери джэдуужьым дзыгъуэхэр зэтриукIащ - хьэблэм зы дзыгъуэ къыдинакъым. Щхьэж и унэ бжэнлъакъуэ ЛIы гуэрым зыш иIэти, жэщым иутIыпщырт. Жэщ псом хъун кIырым лъакъуащхьэкIэ хэт щхьэкIэ, шыр кIуэ пэтми нэхъ Iей хъурт, пщэдджыжьым зэхэукIауэ къыдыхьэжырт. «Жэщым сутIыпщмэ, си шыр зыгуэрым кърехуэкI, сеплъэкIуэнщи, къезыхуэкIыр зэзгъэщIэнщ», - жери мурад ищIащ лIым. Шыр хъупIэм ириутIыпщхьэри, езыр кIэлъыдэкIащ. Жэщыбг хъуауэ хъупIэм зы мыщэ, зы дыгъужь, зы бажэ къихьащ, чэзу-чэзууэ шэсурэ шыр кърахуэкIыу щIадзащ. Аркъэн идзри, мыщэри, дыгъужьри, бажэри къиубыдащ. - Си шым и фэр изыхыр фэраи, - яхуилъащ лIыр, - кIэ фэстынкъэ иджы! - Сыт къыдэпщIэнур? - ФызукIынущ - ар фыфIэмащIэ? - ДумыукI, - жаIащ, - дыпхуэупсэнщ. - Сыт фыкъызэрысхуэупсэнур? - Жыгей гъуанэ сощIэ, фо изу. Усшэнщи, фор къозгъэхынщ, - жиIащ мыщэм. - Сэ мэл хъушэ къыпхуэсхунщ, - жиIащ дыгъужьым. - Сэ скъуэлъ щыIэкъым. СумыукIмэ, сифI зэгуэр уэзгъэкIынкIэ мэхъу, - жиIащ бажэм. Дыгъужьым мэл хъушэ къыхуихуащ лIым. Мыщэм лIыр мэзым хишащ, жыгей лъабжьэм щIишэри къриудащ: - Устхьэлэмэ, фор сэ къысхуэнэжынкъэ, - жери. - Сыботхьэлапэри, емынэунэ хъун! - къэгужьейри кIиящ лIыр. БлэкIырти, абы и кIий макъыр бажэм зэхихащ. - Уа, тхьэм и нэфI зыщыхуэн, мыщэр къыпIэщIэмылъэгъуауэ пIэрэ нобэ? - лIым еджащ бажэр. - КъысIэщIэлъэгъуа дэнэ къэна, си гущIыIу къитIысхьауэ сетхьэлэ! - жиIащ лIым. - КIэ къызитын мурад ищIащ. - КIэ зратынур езыращ: абы и лъэужьыр щакIуэм кърехуэкI. Плъагъумэ, хъыбарыншэ сумыщI: щакIуэм бзэгу хуэсхьыжынурэ IуезгъэпIэнущ, - жиIащ бажэм. Мыщэм лIыр къыщихуащ: - «Слъагъуну сыхуейкъым» жыIэ, - жери. - Слъэгъуакъым, слъагъунуи сыхуейкъым, - жиIащ лIым. - Уи пащхьэм итыр хэт-тIэ? - Пхъэ дакъэжьщ. - Пхъэ дакъэжьмэ, джыдэ къащти, къиуд. - Къизудмэ, къизудщ, - жери лIым мыщэр IуипIащ. ЛIымрэ бажэмрэ мыщэм и фэр трахщ, жыг гъуанэм илъ фор зыIэрагъэхьэри - щхьэж и унэ бжэнлъакъуэ! Бажэ гуэшыкIэ Мыщэр, дыгъужьыр, бажэр хъуэкIуэщакIуэурэ зы щыхь, зы мэз бжэн, зы тхьэкIумэкIыхь къаIэрыхьащ. Я шхэгъуэ къыщысым, дыгъужьым жиIащ: - КъэтщэкIуар сэ фхуэзгуэшынщ, дзыхь къысхуэфщIмэ. - Къытхуэгуэш, - жаIащ. -Щыхьыр мыщэм лъызогъэс, мэз бжэныр си Iыхьэщ, бажэм тхьэкIумэкIыхьыр хурикъунущ. Щыхьри, мэз бжэнри, тхьэкIумэкIыхьри яфIишхын мурад иIэти, дыгъужьым и гуэшыкIэр мыщэм игу ирихьакъым: еуэри дыгъужьыр иукIащ. - Иджы уэ къытхуэгуэш, - жери мыщэр бажэм еплъащ, и нэ зэгъэдзэкIауэ. - Щыхьыр уи пщэдджыжьышхэщ, мэз бжэныр шэджагъуашхэ пхуэхъунщ, тхьэкIумэкIыхьыр пщыхьэщхьэ пшхынщ. Ар жери бажэр зыIурыбзаеу мыщэм и пащхьэ итIысхьащ. - Уи гуэшыкIэр сигу ирохь, хэт абы ухуэзыгъэIущар? - ней-нейуэ еплъащ мыщэр бажэм. - Уи пащхьэм илъ дыгъужьыжьращ, - жиIащ бажэм. - Абы епщIар слъэгъуакъэ!
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 14:31 →
Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр
06.05.2024 - 16:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
06.05.2024 - 13:00 →
ЛIыгъэр зыгъэунэхуар
03.05.2024 - 15:00 →
Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр
03.05.2024 - 13:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|