Календарь событий

08 марта 2024

Лъэпкъым и гум нобэми телъщ уIэгъэ

Илъэс 80 ирокъу балъкъэрхэм ­политикэ щхьэусы­гъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м ахэр я щIыналъэм ­залымыгъэкIэ ­ирахуауэ щытащ. СССР-м Зы­хъумэжыныгъэмкIэ и къэрал ­комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI Iуэху­хэмкIэ цIыхубэ комисса­риатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37713-рэ ирашат ди республикэм. Ахэр Ку­-рыт Азиемрэ Къэзахъ­станымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. 

ДызэщIыгъумэ икIи дызэкъуэтмэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм зэрызахуигъазэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщI­хэ!
Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Гъатхэпэм и 8-р Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и тхыдэм къыщыхъуа гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Илъэс 80 ипэкIэ а махуэм ­балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я хэкум ирагъэкIащ, гугъуехь куэдым пхыкIащ, щыщIэныгъэшхуэхэр ягъуэтащ.

Маржан и гукъэкIыжхэр

Си пащхьэм ис ­Ульбашевэ Маржан  «куэд зылъэгъуа цIыху» жы­хуаIэхэм зэращыщыр узэ­ры­Iуплъэу уолъагъу. И анэм и кIагуэ щIыхур, орденхэмрэ медалхэмкIэ гъэщIэрэщIар, музейм ехьри гъуэгу тетщ балъкъэр бзы­лъ­хугъэр.

БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дытолажьэ

Балъкъэр лъэпкъым политикэ IуэхукIэ лей къытехьэу хэкум зэ­рырашрэ илъэс 80 ирокъу.