Тызылыкъуэр пэщIэдзэт

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм 1708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу лъэхъэнэ кIыхькIэ къэгъуэгурыкIуам къиутIыпща дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм езым и къарукIэ зэщIигъэуIуа хэкулI гупышхуэмрэ.

А щIыпIэм зауэзэрылI шынагъуэ зэрыщекIуэкIам щыхьэт тохъуэ тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр къызыхэщыж дэфтэрхэри адыгэхэм ижькIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэри.  

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм зэрыщыжиIауэ, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий 1707 гъэм и гъатхэкум Кърым хъаныгъуэр къыхуагъэфащэри, тахътэм нэмыс щIыкIэ къэбэрдейхэм къеныкъуэкъун щIидзащ.

ХъаныщIэм, «схуэфэщэн пщIэ къысхурамыщIи иреплъ!» жыхуиIэу, калга къулыкъур зылъыса и къуэш нэхъыщIэ Менлы-Джэрий Къэбэрдейм иутIыпщащ тезырхэх (цIыхухэх, адыгэхэр «цIыхуткIэ» еджэрт), семэн цIыху щитху дыщIыгъури. АрщхьэкIэ, къэбэрдейхэм я деж цIыхухэх ягъэкIуа калга Менлы-Джэрий пщIэншэрыкIуэу яутIыпщыжащ…

Тырку уэсмэн пащтыхьыр Кърым хъаным и телъхьэу къэуващ. Абы и унафэкIэ Къаплъэн-Джэрий зэхуишэса дзэ фIыцIэм и бжыгъэр зэтемыхуэу къаIуатэ. Сытми, биидзэр мин 20-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэблэгъагъэнущ. Ар куэдыкIейт!

Кърымхэр Къэбэрдей купсэм къимыхьэу, Iуащхьитху (Бещтэу) деж ягъэшщ, иджырей ХьэсауткIэ къыдыхьэщ Аурсэнтх щхьэщыкIри, Iуащхьэмахуэ ялъагъуу Къэнжал лъэгум (метр 2340-рэ и лъагагъщ) гуэрэну щитIысыкIащ.

Зы лъэныкъуэкIэ егъэзыпIэ хъарзынэщ. ИхъуреягъкIэ егъэбыдэкIащ: ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ Къанжалыщхьэ задабзэу къыщытщ (лъэгумрэ и щхьэмрэ метр 500 нэблагъэ я зэхуакущ). ИпщэкIэ, щIыбагъымкIэ Балъкъ щожэх. А лъэхъэнэм мы псым зы икIыпIэ закъуэт (Бабыгу икIыпIэ) иIэр.

Тхыдэджым и бзэкIэ къэтIуэтэжмэ, «Къанжал ущылIэнукъым, псом хуэмыдэжу, щакIуапIэ бэлыхьхэр иIэщ: щыхь, бланэ, хъупсырджэн, къурш ажэ, бжэн, домбей, нэгъуэщI псэущхьэхэри щыкуэдщ, хъупIэри псы къабзэри гъунэжщ. Къанжалыщхьэ хъуныджэщ, лъэгур хъуныфIэщ».

Къэбэрдейм а лъэхъэнэм нэхъыбэ дыдэу зауэлI мин 30 зэхуишэсыфу арат, абы щыщу мин 15-р уэркъ шуудзэу, зы жэщ-зы махуэм игъэшэсыфу. «Зым тIур и дзэщ», - жеIэ псалъэжьым. Кургъуокъуэ хузэфIэкIащ къэбэрдей пщыхэр псори зэгуригъаIуэу, зэакъылэгъу ищIу икIи зригъэдаIуэу, бийм зы гупу пэщIигъэувэн…

Хъаным и шэтырыр Йолджэ Iуащхьэ (метр 2401-рэ и лъагагъщ) тригъэувэри, дзащхьэхэр абы и хъуреягъкIэ къэтIысыжащ. Iуащхьэр зыплъыхьыпIэ-плъырыпIэ гъуэзэджэщ, мыбдеж утету дзэм и гъунапкъэхэри, тIысыпIэм къебгъэрыкIуэну хэтхэри хуиту плъагъунущ. Йолджэ, шэч хэмылъу, лъэхъэнэ куэдым и щыхьэтщ. Къэнжал зауэ лъандэрэ мыбы адыгэхэр «Къуентхъыр щагуэшыжа IуащхьэкIэ» йоджэ,

Кургъуокъуэ ищIэрт гуемыIугъэ зыхэлъ, нэгъуэщIхэм епэгэкI, екъуэншэкI зи хабзэ хъан Къаплъэн-Джэрий фIы къызэрыпимыхынур, итIани, дахэкIэ дызэгурыгъаIуэ жиIэри, и деж лIыкIуэ-жыIэкIуэ иутIыпщащ. Жэуапу къахьар гуауэ ящыхъун псалъэщ: ди жыIэм фемыдэIуэнумэ, «Щэбэз-Джэрий и щхьэ уасэу, лъы уасэу хэплъыхьауэ щIалэ, хъыджэбзу минищ фи тезырщ!»

Сыт ящIэн? Псыжь къызэриIэпхъукIыж лъандэрэ гулэгущтагъэм хэмыкI пщыхэр гулэзащ. Зэхуэсри гупсысащ, зэчэнджэщащ. Мыпхуэдэхэм деж блэгъуаплъэхэри пщышхуэм деж щрагъэблагъэ щыIэт. А IуэхумкIэ цIэрыIуэу, я ныбжькIэ щIалэхэми, Къэбэрдейм а лъэхъэнэм лIитI исащ: гупсысакIуэ, пщы Къетыкъуэ Аслъэнбэч и къуэдзэ, уэркъ-дыжьыныгъуэ Къэзанокъуэ Жэбагъырэ тхьэгурымагъуэ БжьыхьэлI Лиуанрэ. Жэбагъы, псом хуэмыдэжу, мы текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIауэ, хъэкIыпIэкIэ Iэзэу, хуабжьу акъылышхуэ бгъэдэлъауэ ягъэхъыбар.

Хабзэу екIуэкIымкIэ, пщы жылагъуэ къэс дзащхьэ зырыз къигъэувыну и къалэнт, жылэпщыр я пашэу. «Апхуэдэу щыхъуакIэ, - щыжеIэ адэкIэ и тхыгъэ телъыджэм Сокъур Валерэ - мы зауэм дзэзешэу Iухьахэм я цIэ къытхуиIуэнущ: пщыхэм ящыщу Мысост и къуитIыр - ХьэтIохъущокъуэрэ Ислъамрэ, Бэчмырзэ и къуэ Тэтэрхъан, Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч, лIакъуэлIэшхэу Тамбийхэ, Къундетхэ, уэркъ-дыжьыныгъуэхэу Ашабэ Миншакъ, Къэзанокъуэ Жэбагъы сымэ».

Кургъуокъуэ и гупым къалэну зыхуагъэувыжат хуэм-хуэмурэ хъаным и лъэкIыныгъэр ягъэмэщIэнуи, ар къайхъулIащ. Зауэр кIыхьлIыхь ящIыфащ, мазэрэ ныкъуэкIэ зэпыу имыIэу екIуэкIащ (бадзэуэгъуэ - шыщхьэуIу). А зэманым къриубыдэу къэбэрдей шухэр, «теуэм-къыщIэпхъуэжурэ», бийр гъэмэхын, егъэшын, гъэмэщIэным пылъащ, икIэм дзэр зэкIэщIачын яхузэфIэкIащ. А бзаджагъэр дунейр къызэрыхъурэ щыIэ пэтми, кърымхэр къагъэпцIэфащ.

Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ.

Тызылыпс Iуащхьэмахуэ лъапэ и Iэхэлъахэм къыщыщIедзэри къуэм дэту мажэ, Гундэлэн хохуэж. Бахъсэндэсхэм Къэнжал кIуэуэ нэхъ гъуэгу кIэщI дыдэу яIэр аращ. Бий къакIуэмэ, жапIи, быдапIи, зыгъэпщкIупIи яхуэхъуу щытар Тызылыкъуэщ. Къанжал зауэм зэрыщIидзар мыбы щекIуэкIа зауэзэрылIырщ. Къэнжал жэщтеуэр - зауэкIэщ. Жэщтеуэм ипэ къихуэу дзакIуэдашэр (дзакIуэр, авангард, засадный полк) Тызылыкъуэ къыдэкIри, Къэнжал лъэгум ис биидзэм теуэ нэпцI ищIащ. ИтIанэ къикIуэт хуэдэурэ хъаныкъуэр (хъаным и къуэш нэхъыщIэ е и къуэш бын), зи пашэ дзащхьэхэр къызыщIагъэIэурэ, къуэм къыдашащ.

Къаплъэн-Джэрий губжьауэ «ФыкIуи дэвукIыхь!», - жиIэри унафэ ищIат, жаIэ. Ар етIуанэ щыуагъэшхуэу IэщIэкIащ хъаным. Мыдрейхэр зэщэр арати, лъэныкъуитIымкIи къуэдзакIэ щхьэщыгухэм фочауэ лъэсхэр, шабзэдзхэр къежьэу тести, мывэхэр кърагъэжэхыурэ, кIуапIи жапIи ирамыту къуэм даубыдэри даукIыхьащ. Зи насып къикIар гъэр хъуащ, хъаныкъуэри яхэту. ИужькIэ зэгурыIуэщ, пщIэ къыIахри иратыжащ. 1748 гъэм урысхэм Къэбэрдейм хузэхалъхьауэ щыта тхыгъэм итщ Тызылыкъуэ зауэзэрылIым и кIэухыр зыхуэдар: «…абдежым къуэм даубыдэри къэбэрдейхэм даукIыхьащ… хъаныкъуэм и закъуэ и гъусэу Кърыми Псыжьи къикIа цIыху мин 30».

АдэкIэ къэнэжыр шыбгъэкIэ уебгъэрыкIуэнырт. ЩIыпIэр зейм къуакIэбгыкIэр нэхъыфIу ецIыху, дэкIыпIи, икIыпIи, тIэсхъапIи нэхъ ещIэ. ЗэуапIэм и бгъэдыхьэпIэхэр убзыхуагъэххэт. «Псалъэм и хьэтыркIэ, - къыщрегъэкIуэкI адэкIэ и тхыгъэм Сокъур Валерэ, - Мысостхэ я пщычэур зыдэт Бахъсэныщхьэ (Былым деж) укъыщежьэрэ Науэжьыдзэ укъыщхьэдэхым, Къэнжал укъэсат. Тызылыкъуэ удэкIрэ Къэнжал шытхым утету укIуэурэ Къазий и псынэм деж ехыпIэм зебгъэщэтэхым, Къэнжал мэзыжьым ухохьэ. Кургъуокъуэ жэщтIыс щищIар мыбдежщ.

ГъэщIэгъуэн дыдэщ, Къэнжал мэзым иджыри къыздэсым «ХьэтIохъущокъуэ и къуэм и жэщтIысыпIэкIэ» зэреджэр. А мэзым къару нэхъыщхьэхэр дзэпщым щызэхуишэсри, заудыгъуауэ щIэсащ жэщтеуэм и пIалъэм пэплъэу.

Къэнжал зауэр зэриухар жэщтеуэкIэщ…

Зыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться: