Календарь событий

10 марта 2024

ФIыщIэ зыпылъ гъащIэ гъуэгуанэ

Тхьэм къыхуигъэфэща насы­пым лъэIэсыныр гуращэу зы­хуэ­зыгъэувыж, абы ерыщу хуэкIуэныр пщэрылъ зыщы­зы­щIыж цIыхур тIуа­щIэу насы­пыфIэщ. Ар, япэрауэ, и псэуныгъэр зыгъэ­дахэ щхьэусыгъуэр ищIэу, абы къыпыкI фIыгъуэхэр зыхищIэу мэпсэу, етIуанэрауэ, а щхьэусыгъуэм кърит гузэ­хэщIэм и IэфIыр езым и мызакъуэу, и хъуреягъэкIэ къы­щытхэми ялъегъэIэс, абы­кIэ зэрыгуашэм и гур хигъа­хъуэу дунейм тетщ.