Календарь событий

22 марта 2024

Урысейр зы унагъуэ бжьыфIэшхуэм хуэдэу

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир цIыхубэм захуигъэзащ УФ-м и президент хэхыныгъэхэр зэриухам и щIыхькIэ.

Зи вагъуэр ноби блэ

Куэдым фIыуэ ялъэгъуа, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, совет кинематографием и актрисэ цIэрыIуэ КIуэкIуэ Тамарэ къызэралъхурэ илъэс 90 ирикъуащ. 
Ар I934 гъэм гъатхэпэм и I5-м Налшык къыщалъхуащ. Зи сабиигъуэр зауэ зэман гугъум хиубыда быным я нэхъыжь Тамарэ и анэм сыткIи дэIэпыкъурт, и дэлъхумрэ къалъхугъащIэ (I94I гъэм) и шыпхъу нэхъыщIэмрэ (зауэм щыIэ и адэм ар илъагъуну хунэмысу I943 гъэм Керчь и деж щыхэкIуэдащ) якIэлъыплъырт. 

Студентхэм яхуэзащ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым и студентхэм яхуэзащ. Абыхэм я псалъэмакъыр теухуауэ щытащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным иIэ мыхьэнэм, студентхэм зыхуеджэ IэщIагъэр къызэрыхахам, ахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр.

Псым и махуэ

ЩIыуэпсым и щытыкIэм тегузэфыхьхэр зэзышалIэ Iуэхугъуэщ мыбы теухуа махуэхэр къызэрагупсысари зэрызэдагъэлъэпIэри. ООН-м и Ассамблее нэхъыщхьэм 1993 гъэм мазаем и 22-м иригъэкIуэкIа зэхыхьэм гъатхэпэм и 22-р Псым и дунейпсо махуэу щагъэуващ. 
ТкIуаткIуэ телъыджэм и «хьэл-щэн» гъэщIэгъуэныщэхэм щIэныгъэлIхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри куэд щIауэ топсэлъыхь. Зызыужь-зызыхъуэжу мы дунейм тет псоми я дежкIэ псыр псэхэлъхьэжу зэрыщытым тщыщ дэтхэнэри дыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ, а къэщIыгъэ телъыджэм хуэфащэ гулъытэ хуэтщIыфу пIэрэ? 

«Уэ сыпхуоусэ, си адыгэбзэ!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт зэIущIэ купщIафIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Налшык дэт курыт школ №33-м (унафэщIыр Блэныхь Казбекщ). Ар хуэгъэпсат Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ Адыгэ тхыбзэмрэ я махуэщIхэу махуэгъэпсым къыщыхэгъэбелджылыкIа, лъэпкъ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм. Ди щIыналъэм щылажьэ еджапIэхэм, фигу къэдгъэкIыжынщи, мазае - гъатхэпэ мазэхэм щекIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ дерс зэIухахэр, литературэ-макъамэ зэIущIэхэр. Апхуэдэхэм ящыщт къалащхьэм дэт 33-нэ еджапIэм къыщызэрагъэпэщари. 

ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Литературэ 
ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ
Рассказ
1 Iыхьэ
Зэгуэрым, си ныбжьэгъу хъыджэбзыр къыщалъхуа махуэр игъэлъапIэрти, куэд щIауэ къыхуэсщэхуауэ щылъ саугъэтыр згъэщIэращIэри, сыкIуащ я унэм. Бжэр Iузыхар и анэращ:
  - Уа-а-рэ, мыбы къэкIуар… Къеблагъэ, къеблагъэ! КъыщIыхьэ, щхьэ ущыт абдеж, хамэ нэхъей?! – си Iэр иубыдауэ, сыукIытапэурэ, сыщIешэ, Iэгъур – лъэгъур, лъэгъугъуафIэ фыз нэ фIыцIэм.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 22, мэрем
Псыежэххэм я дунейпсо махуэщ
Таксистым и дунейпсо махуэщ
1928 гъэм къалъхуащ РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Жамбэч Мухьэдин.
1936 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессору икIи и япэ ректору щыта, КъБР-мрэ УФ-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ФиIэпщэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур

Пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэм къахохъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр процент 40-кIэ нэхъыбэ ищIащ иужьрей илъэситхум къриубыдэу икIи нобэкIэ абыхэм зэуэ щIэхуэнущ тонн мин 298,5-рэ, щыжаIащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. 
Иджырей зэманым къигъэув къалэнхэр гъэзэщIэным хуэщIа пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр ухуэныр республикэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым щынэхъыщхьэхэм ящыщщ. Ар къызыхэкIыр пхьэщхьэмыщхьэрэ мэракIуэ лIэужьыгъуэу республикэм къыщрахьэлIэм, абыхэм къыщIэупщIэхэм я бжыгъэм илъэс къэс къызэрыхэхъуэрщ. 

Къуажэхэм зегъэужьыныр япэ ирагъэщ

«Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ 2019 - 2023 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылэхэм ящыщу 18-м я автомобиль гъуэгуу 19 къагъэщIэрэщIэжащ е щIэуэ яукъуэдиящ. Абыхэм псоми зэхэту километр 26,5-рэ я кIыхьагъщ.