Студентхэм яхуэзащ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ колледжым и студентхэм яхуэзащ. Абыхэм я псалъэмакъыр теухуауэ щытащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырыным иIэ мыхьэнэм, студентхэм зыхуеджэ IэщIагъэр къызэрыхахам, ахэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэща зэрыхъуным. ЗэIущIэм хэтащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм я унафэщIхэр.
Къалэбатэр тепсэлъыхьащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и щытыкIэм, иужьрей илъэсхэм абы щекIуэкI зыужьыныгъэхэм икIи къыхигъэщащ унэтIыныгъэм иIэ ехъулIэныгъэхэр псом япэу абы щылажьэ IэщIагъэлIхэм я зэфIэкIым зэрелъытыжар. «Жылагъуэм ягъуэт медицинэ дэIэпыкъуныгъэр ефIэкIуэн папщIэ псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иIэщ курыт щIэныгъэ зиIэ IэщIагъэлI нэсхэр гъэхьэзырыным, - жиIащ Къалэбатэ Рустам. - Нобэ медицинэ IуэхущIапIэхэр хуэныкъуэщ Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI медбрат-анестезистхэм, рентгенолаборантхэм, медсестрахэм, ФАП-хэм щылэжьэну фельдшерхэм, медицинэ регистраторхэм». 
Студентхэр псалъэмакъым жыджэру хэтащ - абыхэм министрым упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыхуагъэзащ, IэщIагъэр къызэрыхаха щIыкIэм и гугъу ящIащ, адэкIэ зыпэрыувэну лэжьыгъэм теухуа я еплъыкIэхэри къагъэлъэгъуащ. Министрым зыщигъэгъуэзащ колледжым и лэжьыгъэр зэрызэтеублам, егъэджэныгъэ Iуэхур къызэрыщызэгъэпэщам, дерсхэр щекIуэкI пэшхэри зригъэлъэгъуащ.
А зэIущIэм хэту, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм къыщекIуэкI хабзэжьым тету КъБР-м узынашагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам «щIыхь зиIэ студент» цIэр фIащащ. А Iуэхум щыхьэт техъуэ студент тхылъыр медколледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ министрым иритыжащ.
 
 
 
ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: