|
Календарь событий
15 марта 2024
15 марта, 2024 - 17:26
Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионату Налшык къалэм и «Спартак» стадионым иджыблагъэ щызэхашар.
Абы щызэпеуащ балигъхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ КъуэщIысокъуэ Идар, Замбат Къантемыр, Ало Мухьэмэд, Уянаев Мухьэмэд, Абазэ Астемыр, Апхуд Сулеймэн, Быф Идар сымэ.
15 марта, 2024 - 17:08
Къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Налшык къалэм и хэхыпIэ №105-м (сабий гъэсапIэ №8-м къыщызэрагъэпэщам) и бжэхэр нобэ сыхьэти 8-м къызэIуихащ. Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэм папщIэ Iэ яIэтыныр я гупыжу, цIыхухэр пщэдджыжьым щегъэжьауэ жыджэру абы екIуэлIэн щIадзащ.
15 марта, 2024 - 17:06
Сватоплук Чех (1846 - 1908 гъгъ.) чех тхакIуэм адыгэ дунейр къыхэщыжу и къалэмым къыщIэкIа «Адыгэ» рассказым папщIэ пщIэ лей хуэтщIыпхъэщ. 1874 гъэм, и ныбжьыр илъэс 28-м иту, Сватоплук Кавказым къакIуэри зэригъэлъэгъуащ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьыр зыхуэдэр. Шынагъуэт, гукъутэгъуэт абы илъэгъуахэр. А псор и нэгу щIэту зыгъэзэжа тхакIуэм «Адыгэ» рассказыр итхащ адыгэм ди шыфэлIыфэм хуэфащэ дыдэу. Тхыгъэр къыхахыжауэ щытащ Истамбыл щыIэ Шэрджэс фIыщIэ Хасэм и тхылъ хъумапIэм.
15 марта, 2024 - 16:21
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Мэзкуу и «Олимпийская деревня-80» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ ди къэралым и къалащхьэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуэщ зы ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
15 марта, 2024 - 16:17
Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкIын папщIэ, гъатхэпэм и I5-м Тэрч районым хэхыпIэу 25-рэ къыщызэIуахащ.
Ахэр зыхуей IэмэпсымэхэмкIэ псори къызэрагъэпэщащ, IэIэтыр тыншу, шынагъуэншэу зэрекIуэкIыну Iэмалхэри абыхэм къыщалъытащ.
15 марта, 2024 - 16:00
ТхакIуэ, усакIуэ, журналист Нэхущ Мухьэмэд 1944 гъэм фокIадэм и 20-м Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыщ Алий-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр зы илъэс фIэкIа иримыкъуауэ Мухьэмэд и адэр зауэм хэкIуэдащ. Анэмрэ и шыпхъу нэхъыжьхэмрэ япIащ щIалэр. Адэ зыщхьэщымытыж унагъуэм лIыуэ къинар а сабийрати, и ныбжьым емылъытауэ, унагъуэм и тхьэмадэу ялъытэрт, абы къыхэкIкIэ, зэрыцIыкIу лъандэрэ лъэбакъуэу ичым и жэуап ихьыжыфу, унагъуэм цIыхухъу пщэрылъхэр щигъэзэщIэным хущIэкъуу къэхъуащ.
15 марта, 2024 - 15:22
Иужьрей илъэсхэм УФ-м и Президентым гулъытэ ин хуищI хъуащ цIыху къалъхум и бжыгъэм хэгъэхъуэным, унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным епха Iуэхухэм.
15 марта, 2024 - 14:18
Абы дегъэпIейтей
ЩIыуэпсым зэраныгъэ къыхуэзыхь пкъыгъуэхэр гъэмэщIэным е абыхэм я къыщIэгъэкIыныр зэпыгъэуным теухуауэ дуней псом щекIуэкI псалъэмакъхэр нэхъ кIащхъэ хъуркъым, нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи, зы хэкIыпIэ пыухыкIам къыщызэтеувыIауэ тети зэкIэ къахэкIыркъым.
Къэрал 70-м нэблагъэм пластикым къыхэщIыкIа пакетхэр къыщыщIагъэкIыжыркъым. АтIэ сыт абы и пIэм къиувэну дызыпагъаплъэр?
15 марта, 2024 - 14:12
Урысейм, иужьрей илъэситхум къызэрагъэлъэгъуамкIэ, анэ быныфIэхэм ящыщу зи пенсэ кIуэгъуэр къэмысауэ, пенсэ хуагъэуву я унэ щIэтIысхьэжахэм я бжыгъэм хуэди 8-кIэ хэхъуащ, бынищ, быниплI, нэхъыбэж зиIэхэм щхьэкIэ щыIэ льготэхэм къызэрыдыщIагъуам къыхэкIыу. Псалъэм къыдэкIуэу, 2019 гъэм апхуэдэ щIыкIэкIэ нэхъ пасэу пенсэ кIуахэм я бжыгъэр мини 6,8-рэ хъууэ щытамэ, 2023 гъэм мин 55-м нэблэгъащ.
Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ нэхъ пасэу пенсэ ягъэкIуа цIыхубзхэр къэралым мини 7,8-м щыщIегъу. ЩыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, апхуэдэ хуитыныгъэхэр абыхэм яIэщ.
15 марта, 2024 - 13:59
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIым халъхьэ щIыгъэпшэрхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. Нэгъабэ гектар къэс хуэзэу килограмми 155,42-рэ хъуащ, 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар.
15 марта, 2024 - 13:57
Сыт хуэдэ зэманми дахуэныкъуэщ ухуакIуэ IэпщIэлъапщIэхэм, электрикхэм, гъущI зэпызыгъавэхэм, пхъащIэхэм, нэгъуэщIхэми. Илъэс 40 хъуауэ апхуэдэ IэщIагъэлIхэр зыгъэхьэзыр «Строитель» колледжым унафэщIу трагъэуващ Къурмэн Мурат.
15 марта, 2024 - 13:55
Дэ псоми дощIэ лэжьыгъэр дунейм фIыгъуэу щыIэм я къыхэкIыпIэу зэрыщытыр. Арынашауэ зыри къохъулIэнукъым. Хэбгъэзыхьмэ, щIым щIэлъ дыщэр къыпIэрыхьэн папщIэ ар къыщIэпхын хуейщ-адрей псоми я гугъу умыщIыхэ. Пэжу, абы къикIыркъым и бгыр щIэкъузауэ дэтхэнэми и дамэхэм бжьыр къытехьэлъэу щытыну:ди гъащIэр апхуэдэщи, языныкъуэхэм гугуехьхэр къатощIэ, адрейхэр абыхэм я гуащIэм хотхъыкI. А зэхуэмыдэныгъэр зэи яхуэгъэкIуэдыркъым, яхуэгъэкIуэдынуи къыщIэкIынукъым. АрщхьэкIэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи къонэж къежьапIэ нэхъыщхьэу. Абы къыхэкIыу гурыIуэгъуэщ ар цIыхур зыIууэ шынагъуэхэми зэрыпыщIар.
15 марта, 2024 - 13:33
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэр къыхуреджэ мы махуэхэм Урысейм и Президентыр хэхын Iуэхум хэтыну:
15 марта, 2024 - 12:22
«Урысей» международнэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и тхьэмахуэр гъатхэпэм и 5-м щыщIэдзауэ гъатхэпэм и 10 пщIондэ щекIуэкIащ Москва.
15 марта, 2024 - 11:36
Урысейхэр къэралым и нэгузыгъэужь щIыпIэхэм зэрыкIуэр къапщытэ АСИ-мрэ Б1 IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ. Iуэхур къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу ГеографиемкIэ Урысей зэгухьэныгъэр, «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ», урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр, «Уи кIуэгъуэщ» урысейпсо студент проектым хэтхэр, къищынэмыщIауэ, УФ-м спортымкIэ и министерствэмрэ УФ-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ.
15 марта, 2024 - 11:32
Абхъазым щыщ тхыдэдж-этнолог, журналист Дасание Давид езым и анэдэлъхубзэри фIыуэ зылъагъу, кIахэ адыгэбзэми щыгъуазэ щIалэщ. Интернетым къыщызэIуиха «Кавказ - наш общий дом» утыкум абы къыщигъэлъэгъуа и щапхъэхэм ящыщ зыбжанэм мыбдежым я гугъу щытщIынщ, япэр абхъазыбзэу - етIуанэр адыгэбзэу:
Сэ, сэра - сэ, сэрэ.
Уэ, уэра - уэ, уэра.
Йэра - ар.
Апхъа, эпхьа - пхъу.
Ашьа́, эща - шы, къуэш.
Аншьа, анщэ - анэш.
Айахьущэ, ахьущэ, шыпхъэ - дэлъху, шыпхъу.
15 марта, 2024 - 11:29
Гъатхэпэм и 15, мэрем
♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ
♦1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.
♦1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.
♦1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ Натхъуэ Долэтхъан.
|