ЩIыгъэпшэрымкIэ бэлэрыгъкъымКъэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIым халъхьэ щIыгъэпшэрхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. Нэгъабэ гектар къэс хуэзэу килограмми 155,42-рэ хъуащ, 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар. Республикэр абыкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIитхум хохьэ икIи щIым халъхьэ щIыгъэпшэрым и куэдагъымкIэ урысейм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм хуэдитIкIэ щхьэщокI. ЩIыгъэпшэрхэр ирикъуу икIи и чэзум щIым хыумылъхьэу щытмэ, гъавэ бэвкIэ ущIэгугъэн щыIэкъым. ЗэкIэлъыкIуэу гъавэ зытращIэ щIыр тIэщIа мэхъури, къытекIми кIэрыхунущ. Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм ар къагурыIуэу, а Iуэхум теплъэкъукIыркъым икIи къащэхум и куэдагъым хагъахъуэ зэпытщ. Абы и фIыгъэкIи, нэгъабэ гъавэ бэв къайхъулIащ, нартыхуу, кIэртIофу, хадэхэкIыу кърахьэлIэжам и куэдагъми фIыуэ хагъэхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|