Шэшэным зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр

 

Кавказ Ищхъэрэм дзюдомкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Шэшэным и къалащхьэ Грознэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтынухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионату Налшык къалэм и «Спартак» стадионым иджыблагъэ щызэхашар.

Абы щызэпеуащ балигъхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ КъуэщIысокъуэ Идар, Замбат Къантемыр, Ало Мухьэмэд, Уянаев Мухьэмэд, Абазэ Астемыр, Апхуд Сулеймэн, Быф Идар сымэ.

Щад Алимбэч, Уэзы Iэдэм, Къущхьэ Темырлан, Мызэушэ Эмир, Къуныжь Ролан, Мырзэбэч Iиляс, Балъкъыз Залым сымэ етIуанэщ. Байрамкулов Алим, Пщыбий Амир, Барий Елдар, Къуэшырокъуэ Астемыр, Таумурзаев Умар-Алий, Соблыр Атмир, Уянаев Ислъам, Къанкъул Давид, Щоджэн Алихъан, Пышной Степан сымэ ещанэ хъуащ.

Абыхэм ядолажьэ Ким Руслан, Куп Эдуард, Дзухэ Беслъэнрэ Залымджэрийрэ, Иванов Дмитрий, Апхуд Андзор, Шаваев Хьэнэфий, Джэданэ Залым, Сэралъп Олег, Бунятов Али-Заде сымэ.

 

                                               АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

 

 

 

 

Поделиться:

Читать также: