ПащIэ Бэчмырзэ и дыщэ пхъуантэр

НыбжьыщIэхэм я библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Бекмурза Пачев и роль одаренной личности в становлении новописьменных литератур» зыфIаща зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Тхьэгъэзит Юрэ, КъШР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, усакIуэ, тхакIуэ, драматург, журналист Бемырзэ Зураб, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, усакIуэ Гугъуэт Заремэ, Шэшэн Республикэм и Парламентым и депутат, Шэшэн Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ клубым и унафэщI Нагаев Аднан, Шэшэн Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Гайраханов Мовлэ, Шэшэн Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Тугузов Асламбэч, Дагъыстэн Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Ильясов Хъизри, Ингуш Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Эсмурзиев Алаудин, нэгъуэщIхэри.

Зэхыхьэм хэтахэр тепсэлъыхьащ ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ.

ПащIэ Бэчмырзэ Машэ и къуэр Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм (Къылышбийхьэблэ) 1854 гъэм къыщалъхуащ. Зи анэр пасэу дунейм ехыжа сабийхэм я гъащIэр тыншу щытакъым. Зеиншэу къэнахэм я нэхъыжьыр Бэчмырзэти, унагъуэ Iуэхухэр игъэзэщIэн хуей мэхъу, балигъыпIэ имыувэуи мэкъумэш лэжьыгъэ хьэлъэм пэроувэ. Илъэсибгъу ныбжьым ит щIалэ цIыкIум Iэхъуэ къуэдзэу къыщIедзэри IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэр зрегъэгъуэт, и лэжьыгъэри куэдрэ ехъуэж. И сабиигъуэм щыщIэдзауэ гугъу ехьами, лэжьыгъэ игъэзэщIахэм я фIыгъэкIэ гъащIэр зищIысыр къыгурыIуащ, лъэпкъ IуэрыIуатэм куууэ зыщигъэгъуэзащ, и зэфIэкI, и гупсысэ, Iуэху еплъыкIэхэм зрагъэужьащ, и хьэл-щэнхэр япсыхьащ.

И щIалэгъуэм щыщIэдзауэ и лъэпкъэгъухэм я телъхьэ мэхъу, сыт щыгъуи къащхьэщож, гъащIэм щызекIуэ залымыгъэм пэщIоувэ, зэрылъэкIкIэ лэжьакIуэхэр абы щехъумэ. Усэ зэхилъхьэу щIидза нэужьи, абы мащIэ-мащIэурэ уэрэджыIакIуэ къалэнхэр и пщэ къыдохуэ.

И сабиигъуэми и щIалэгъуэми еджэныр къемыхъулIами, ПащIэ Бэчмырзэ куэд щIауэ и нэ къыхуикIырт щIэныгъэм, пасэу къыгурыIуат абы и мыхьэнэр. Ар зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ, лIыпIэ иувами, и къуажэгъу, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ Лъеиншэ Мысост и деж кIуэурэ зэрыщеджэр, хьэрып алыфбей абы и деж щызэригъэцIыхуар къигъэсэбэпурэ и анэдэлъхубзэм тхыгъэ абыкIэ зэрыхузэхилъхьэр. А тхыбзэ зэхилъхьамкIэ абы и усэхэр итхыу щIедзэ, уеблэмэ ар и ныбжьэгъу-гъунэгъухэм ярегъащIэ, ахэр абы иритхэ, абыкIэ еджэ мэхъу. Адыгэ усыгъэм и лъабжьэгъэтIылъ ар хъуныр зыкъомкIи а Iуэхум къыхэкIащ, ар абы и фIыгъэщ. КIэщIу жыпIэмэ, езыр-езыру еджэжауэ щIэныгъэ бгъэдэлъащ, муслъымэн диным, къуэкIыпIэ литературэм епхауэ.

Захуагъэм и телъхьэу, жьэнахуэу, лей зылъысым къыщхьэщыжу, цIыхубэм я гум къишхыдыкI псалъэхэр Iурылъу псэуащ 1917 гъэм щыIа революцэм и пэкIи абы иужкIи. Хэкум щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми жыджэру хэтащ. Къуажэ-къуажэкIэрэ лъэсу къызэхикIухьурэ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуехьэсыж, хэкум щрагъэжьа ухуэныгъэшхуэхэм макIуэ, ахэр зэрегъэлъагъу, къуажэ зэIущIэхэм къыщопсалъэ, IэщIагъэлIхэм яIуощIэ, егъэгушхуэ.

Усэхэу, уэрэдхэу пщIы бжыгъэхэр, поэмэ зыбжанэ къыщIэнат, псори зэхэту сатыр мин 14 нэблагъэу, ауэ ахэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, Хэку зауэшхуэм и зэманым кIуэдащ. И тхыгъэхэр зэхуэхьэсауэ «Усэхэмрэ поэмэхэмрэ» япэу къыщыдэкIар 1942 гъэрщ. Къагъуэтыжа псори, вариантхэри щIыгъуу, зэрыт «Усыгъэхэр» тхылъыр 2003 гъэм дунейм къытехьащ.

Къэпсэлъахэм жаIар къызэщIэпкъуэжмэ, нэхъыщхьэу къыхагъэщащ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр, и «дыщэ пхъуантэм» къыдэкIыжахэм ди литературэм зыужьыныгъэ нэс зэрыригъэгъуэтар, усакIуэм хэлъа хьэл-щэн дахэхэр, ар цIыхубэм я къыщхьэщыжакIуэу, чэнджэщэгъуу зэрыпсэуар.

ЗэIущIэм ирагъэблэгъахэм ар къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ хуащIащ ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъым, абы и гъащIэмрэ гуащIэмрэ хуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуащIым папщIэ.

ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэхэм республикэм щыпащащ. ХьэтIохъущокъуэ и жыг хадэ Налшык щыIэм УсыгъэмкIэ и аллеем усакIуэм и усэ нэхъыфIхэм къыщеджащ. Вконтакте, телеграм социальнэ сайтхэм усакIуэшхуэм и усэхэм къеджэнымкIэ щрагъэкIуэкIа флешмобым жыджэру хэтащ еджакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, библиотекэхэм я лэжьакIуэхэр, журналистхэр, щэнхабзэмрэ литературэмрэ я лэжьакIуэхэр. Бэчмырзэ и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм къеджэу зытрагъэха видеохэр Интернетым и социальнэ сайтхэм щызэбграгъэхащ. Нартан къуажэм ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ и музейм усакIуэр ягу къыщагъэкIыжащ. Къуажэм и курыт еджапIэ №1-м ПащIэ Бэчмырзэ и фэеплъ дэтым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: