ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

Адыгэ ныпым и плъыфэм мыхьэнэ зэриIэр, абы тет вагъуэ пщыкIутIыр адыгэ лIакъуэхэр къызэрагъэлъагъуэр, шабзищыр зэрызэблэдзар мамырыгъэм зэрыхущIэ­къум и дамыгъэу зэрыщытыр абыхэм яхутепсэлъыхьащ гъэсакIуэр са­бийхэм. Апхуэдэ нып дахэ зепхьэу укъызыхэкIа лъэпкъым ­уримыгушхуэнкIэ Iэмал иIэкъым. ЩIалэ цIыкIухэм гушхуэу ныпыр кърахьащ утыкум. Пщащэ цIыкIухэм Iэнэ лъакъуищыр адыгэ шхыныгъуэхэмкIэ къаузэдащ. 
Сабийхэр адыгэ фащэм нэхъри игъэдахэрт. Ахэр Хэкум, анэдэлъхубзэм, ныпым, пшынэм, лъахэм теухуа усэхэм гъэ­хуауэ къеджащ, адыгэ къафэ ягъэзэщIащ, лъэпкъ хабзэхэм тепсэлъыхьащ, къуажэхьрэ псынщIэрыпсалъэкIэ зэпеуащ, ­теплъэгъуэ кIэщIи ягъэлъэгъуащ. 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: