Хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ

Дыгъэм и дунейпсо махуэр накъыгъэм и 3-м 1994 гъэм къыщыщIэдзауэ хэгъэгу куэдым щагъэлъапIэ. АбыкIэ жэрдэм къыхэзылъхьауэ щытар Дыгъэм къыпкърыкI къарур къэгъэсэбэпынымкIэ къэрал зэхуаку жылагъуэм и Европей къудамэм хэтхэрт.  

Къызэрырахьэжьэуи, ар гъэщIэгъуэн ящыхъуащ щэн­хабзэм хуэлажьэ зэгухьэныгъэхэми, уней IуэхущIапIэхэми (компаниехэм), хэлъэт зиIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми. А махуэм къриубыдэу, къэрал куэдым я IэнатIэхэмрэ еджапIэхэмрэ Дыгъэм и зэфIэкIыр къызэрагъэсэбэп щIыкIэм щытепсэлъыхь зэIущIэхэр, сурэтхэр, кинофильмхэр щагъэлъагъуэ.
Дызэрыщыгъуазэщи, Дыгъэр хьэршым зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэ абрагъуэхэм ящыщщ. Абыхэм хуэдгъэдэну ЩIым нэхъ и гъунэгъу дыдэу диIэри аращ. Адрейхэр куэдкIэ нэхъ тпэIэщIэщ. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу астрономхэм нэхъ гъунэгъуу къахута Альфа Центаврэ уафэщI зэрыбыным хыхьэ Проксимэ вагъуэр, нэхум зэрызидз хуабжьагъэкIэ къэдбжмэ, илъэси 4,22-кIэ тпэжыжьэщ. 
Дызытес ЩIым къыхуэкIуэу гуащIэрэ къарууэ хьэршым къикI псоми я нэхъ ин дыдэщ ди Дыгъэм къыпкърыкIыр. Мыращ къэкIыгъэрэ псэущхьэу ди планетэм тетым гъащIэ къытхэзылъхьэри, нэхурэ хуабэкIэ къытхуэупсэри, дызэрыбауэ жьыр зэгъ зыщIри.
Зэрыщыту къатщтэмэ, ди планетэм и щIыуэпсыр дызэсэжа щытыкIэм изыгъэтыр Дыгъэм къыпкърыкI и гуащIэмрэ и зэфIэкIымрэщ. Ар къытщхьэщымытамэ, псэ зыIутхэм хуэфIу зыжьэдашэ хьэуари диIэнутэкъым, ихъуреягъкIэ щыIэнури псы зэщIэщтыхьарэ щIыгулъ зэщIэдиярэт. 
Дыгъэм и пкъымрэ къэзыухъуреихь и хьэуамрэ я нэхъыбэр, химие щIэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, зэрызэхэлъыр водородрэ гелиеущ. Компьютерым хузэхалъхьа къэбжыкIэхэм (моделхэм) ятет­щIыхьмэ, Дыгъэм и ныбжьыр илъэс меларди 4,5-м ноблагъэ.
Ди планетэр Дыгъэм зэрыпыIукIуэтар, ику иту къатщтэмэ, километр мелуани 149,6-рэ хуэдизкIэщ. Дыгъэм ультрафиолет спектрым щыщу къыпкърыпсыкI нурыр цIыхум и узыншагъэм дежкIэ сэбэпщ. Псалъэм папщIэ, псым дызыхуэмейуэ къыхэзэрыхь пкъыгъуэжьейхэр (хьэпIацIэхэр) ­хегъэкъэбзыкI. 
Дыгъэм и кугъуэр нэщIыбзэу къызыщыдгъэхъумэ, и кIуэцIым ди планетэм хуэдэу мелуаным щIигъу ихуэнущ. Астрофизикхэм къызэрабжамкIэ, къигъэщIэну къыхуиухар и кIэм щынэблагъэкIэ, Дыгъэр апхуэдизу иныщэу зэрыкIынущи, мы лъэхъэнэм къекIэрэхъуэкI уафэщIхэм ящыщу Меркуриймрэ Венерэмрэ зыщIилъэфэнущ, уеблэмэ дызытес ЩIыми къылъэIэсынущ. 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ