Календарь событий

29 марта 2024

ЩIым и сыхьэт

      ЦIыхуIэ зылъэмыIэса щIыуэпсым и дунейпсо фондым  кърихьэжьауэ, къэрал куэдым къызэдащта «ЩIым и сыхьэт» Iуэхугъуэм, нэгъуэщI теплъэ иIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы гъэми хэтынущ. Дызэрыт илъэсым ар гъатхэпэм и 30-м техуащ.

Мы гъэм ЩIым и сыхьэтыр дэзыIыгъ къэралхэм я къалэхэмрэ къуажэхэмрэ дэс унагъуэхэм, тыкуэнрэ курыт еджапIэу, хьэрычэтыщIэ IэнатIэу дэтхэм, къыхуеджэныгъэм пэджэж дэтхэнэми – «лейуэ» ягъаблэ уэздыгъэхэмрэ мыхьэнэ ин дыдэ зимыIэ электро-Iэмэпсымэхэмрэ нобэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-рэ дакъикъэ 30-м деж Iуачынущ.

ЩIэупщIэ зиIэщ

 Мэкъумэш

Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжьауэ нэгъуэщI щIыналъэхэм ирагъашэм, 2023 гъэм кърикIуам тетщIыхьмэ, хэхъуащ.

Уэрамхэр къагъэщIэрэщIэж

 Гъуэгухэр

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) ипкъ иту Налшык къалэ округым и автомобиль зекIуапIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Мы зэманым республикэм и къалащхьэм и уэрамхэм ящыщу ЕтIуанэ Темэн дивизием (2-ой Таманской дивизии) еймрэ Осетием и цIэр зезыхьэмрэ я автомобиль зекIуапIэхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI. 

ДахагъэмкIэ тхьэмахуэ

Москва, ДахагъэмкIэ и тхьэмахуэм хыхьэу, «Манеж»-м и пэш Нэхъыщхьэмрэ ВДНХ-м и «Урысей» лъэпкъыбэ выставкэмрэ (павильон 75-м) и лэжьыгъэщIэхэр иджыблагъэ щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дизайнер Уэркъуасэ Каринэ. 

Къалэн нэхъыщхьэхэр яубзыху

ЦIыхухэр псы къабзэкIэ къызэгъэпэщынымрэ псы къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр укъуэдиинымрэ ехьэлIа къалэнхэр 2030 гъэм ирихьэлIэу нэсу гъэзэщIа зэрыхъуным, абы щхьэкIэ зэлэжьыпхъэхэм, щыIэ Iэмалхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительстэм и Унэм. Ар икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр къыщапщытэж зэIущIэу щытащ. 

НОБЭ

Гъатхэпэм и 29, бэрэжьей

♦Юридическэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

♦1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Руслан.

♦1950 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Осетие Ипщэм, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Дзидзоев Валерий.

Дунейм и щытыкIэнур

Адыгэ пшынэбзэр зыгъэбзэрабзэ

Адыгэ пшынэбзэр, пасэрей лъэпкъ макъамэр зыгъэбзэрабзэ, урысейпсо, международнэ зэпеуэ куэдым щытекIуа, япэу Налшыкрэ Москварэ концертхэр щызыта пшынауэ, Осетие Ищхъэрэ-Алание, Абхъаз республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Лыджыдэ Алий зымыцIыху къэгъуэтыгъуейщ. Пшынауэм адыгэ цIыхубэ макъамэхэр, езым къигъэщIэрэщIэжахэр щызэхуэхьэса «Фыджэгу, фыкъафэ» альбом къыдигъэкIащ.

Тренер цIэрыIуэм и фэеплъу

Мэзкуу къалэм и «Измайлово» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Премильский Феликс и фэеплъу щыта урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и бэнакIуэу 90-м нэблагъэ.

Дыгъэбзийуэ зи макъамэр псынэм хэпсэ

РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, пшынауэ Iэзэ, макъамэтх, къэфакIуэ, адыгэ лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, лъэужь дахэ къэзыгъэна Къашыргъэ КIурацэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ пшынауэхэм ящыщщ.

Бийм зы гупу пэщIигъэуват

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, 1707 гъэм и гъатхэкум Кърым хъаныгъуэр къыхуагъэфащэу тахътэр зэриубыду, къэбэрдейхэм закъыпэщIисащ. 

Гъатхэм дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр

Ди щIыналъэм къэлъэтэжа къуалэбзухэм иджы хуэдэ зэманым дэнэкIи я шхын къыщалъыхъуэ. Ипэ ита илъэсым елъытауэ, иджыпсту дунейр зэрыIэгъущэлъэгъущэри абыхэм сэбэп къахуэмыхъуу къэнакъым. Уэс зэрытемылъым и фIыгъэкIэ тегъущыкIыну хунэса жыг пхъафэхэм кIэщIопэщэщыхь, жыг лъабжьэхэми зыгуэрхэр къащыщыIухуэ щыIэщ. Иджы хуэдэ зэманым дунейр зэщIипхъэнкIэжу къесу щыта бжэндэхъу уэс гъущэм и пIэкIэ, мэлыжьыхьыр икIыху синоптикхэм къытпагъаплъэр щIыIэтыIэрэ уэтIпсытIрэщ. 

КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр РеспубликэмкIэ и управленэм и дзэ къулыкъущIэхэм, лэжьакIуэхэм, ветеранхэм ехъуэхъуащ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием и дзэхэм я МахуэмкIэ:
«Урысей гвардиер цIыхухэмрэ жылагъуэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэзыгъэпэщ зыуэ щыт къэрал IэнатIэм хэту мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIэ къарухэм ящыщщ, абы Урысейм и лъэпкъ сэбэп зыхэлъхэмрэ суверенитетымрэ быдэу ехъумэ, терроризмэм, зэщIэгъэуIуауэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэм япэщIэтынымкIэ, мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр хъумэнымкIэ, хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ къалэн инхэр егъэзащIэ.