ДахагъэмкIэ тхьэмахуэМосква, ДахагъэмкIэ и тхьэмахуэм хыхьэу, «Манеж»-м и пэш Нэхъыщхьэмрэ ВДНХ-м и «Урысей» лъэпкъыбэ выставкэмрэ (павильон 75-м) и лэжьыгъэщIэхэр иджыблагъэ щигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ дизайнер Уэркъуасэ Каринэ. Ар къызэригъэпэщащ УФ-м и Правительствэм модэмкIэ и фондыр и дэIэпыкъуэгъуу. ДахагъэмкIэ тхьэмахуэм зэхуишэсащ Урысейм, Бразилием, Китайм, Индонезием, Коста-Рикэ, нэгъуэщI къэралхэм я лIыкIуэхэр. Гъэлъэгъуэныгъэм ди къэралым и къалэ 48-м (Астрэхъан, Воронеж, Волгоград, Екатеринбург, Ивановэ, Иркутск, Медвежьегорск, Дон Iуфэ Iус Ростов, Тюмень, Якутск, нэгъуэщIхэми) я лэжьакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр утыку къыщрахьащ. Нэхъ гукъинэж ящыхъуахэм ящыщщ Налшык къалэм щыщ Уэркъуасэ Каринэ игъэлъэгъуа KADELI брендым щыщ фэилъхьэгъуэхэр. Каринэ и IэдакъэщIэкI цIыхубз щыгъынхэр (бостейхэр, кIэстумхэр) нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIырт я теплъэкIи, зэрыда щIыкIэкIи, щэкIкIи.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 14:59 →
Лъагъуныгъэмрэ зэгурыIуэмрэ я къарур
27.04.2024 - 14:07 →
Шы гъэхъуным теухуа хабзэщIэ
27.04.2024 - 12:26 →
Бжэ зэIухахэм я махуэ
27.04.2024 - 12:18 →
Гугъуехьыр пщIэншэ хъуакъым
27.04.2024 - 12:02 →
Гъатхасэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI
|