Уэрамхэр къагъэщIэрэщIэж

 Гъуэгухэр

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым (пэхуэщIэм) ипкъ иту Налшык къалэ округым и автомобиль зекIуапIэхэр къагъэщIэрэщIэж. Мы зэманым республикэм и къалащхьэм и уэрамхэм ящыщу ЕтIуанэ Темэн дивизием (2-ой Таманской дивизии) еймрэ Осетием и цIэр зезыхьэмрэ я автомобиль зекIуапIэхэм лэжьыгъэ пыухыкIахэр щрагъэкIуэкI. 

ЕтIуанэ Темэн дивизием и цIэр зезыхьэм пхрыкI автомобиль зекIуапIэр нэхъ бгъуэ щIыным хуэгъэза пэублэ лэжьыгъэхэм щIадзащ, и лъэс зекIуапIэхэм я лъабжьэр къатIэщIыжауэ нэхъ быдэ ящI, «Уафэ къабзэ» программэр я тегъэщIапIэу, троллейбус пкъохэр Iуахыжынущи, ток кIапсэхэр щIы щIагъкIэ зэраутIыпщыну гъуэгум и бгъуитIри и кIыхьагъкIэ датIыкI, уэрам уэздыгъэхэр зыпылъ пкъохэр зэрахъуэкI.
Осетием и цIэр зезыхьэ уэрамми зи гугъу тщIа лэжьыгъэм хуэдэ щокIуэкI: лъэс зекIуапIэхэм я лъабжьэхэр зэрахъуэкI, «Уафэ къабзэ» программэм ипъ иту ток кIапсэхэр щIы щIагъкIэ яутIыпщын хуэдэу, гъуэгум и бгъуитIри и кIыхьагъкIэ датIыкIауэ, троллейбусхэм къагъэсэбэпу щыта пкъохэри Iуахыж. 
Мы зэманым ирихьэлIэу гъуэгур ягъэхьэзыращ пIалъэ гуэркIэ машинэхэм къыщажыхьыфын хуэдэу. Автомобиль зекIуапIэм нэмыщI, ухуакIуэхэм мы щIыпIэм, иджырей мардэхэм хуэкIуэу, зэрагъэпэщыжыну я мурадщ Налшык псым телъ лъэмыжри. 
КIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, Осетием и цIэр зезыхьэ уэрамыми асфальтыщIэ тIуащIэу тралъхьэнущ, и бгъуитIым мывэ гъэжахэр щагъэтIылъынущ, шынагъуэншагъэм хуэщIа дамыгъэщIэхэр традзэнущ, лъэс зекIуапIэхэр щыпхашыжынущ, жэщ уэздыгъэхэр щызэрахъуэкIынущ. 
IэщIагъэлIхэм зи гугъу тщIа лэжьыгъэ псори гъэ дызэрытым и шыщхьэуIум яухыну я мурадщ. 

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: