Балъкъэр лъэпкъым политикэ IуэхукIэ лей къытехьэу хэкум зэрырашрэ илъэс 80 ирокъу.
Гъатхэпэм и 8-р гуауэшхуэу къыхэнащ балъкъэр лъэпкъым и тхыдэм. Абы лъандэрэ илъэс 80 дэкIыжами, уIэгъэ мыкIыжщ ар. Лъэп-къым гукъэкIыж хьэлъэу игу къинащ а махуэр: дэ зыри дукIатэкъым, зыми я унэ-лъапсэ дгъэсатэкъым апхуэдэу лей къыттехьэн, хэкум драшын хуэдэу.
Лъэпкъыр зэрыщыту хэкум зэрырашар Сталиным иригъэкIуэкIа хьэщхьэрыIуагъэм и Iэужьщ. Балъкъэрхэм я бжыгъэм фIыуэ зэрыкIэрыхуам къищынэмыщIа, дэ тфIэкIуэдащ лIэщIыгъуэкIэрэ зэтедухуа щэнхабзэр, фэеплъхэр, щыIэкIэ-псэукIэр.
Балъкъэр лъэпкъым къыхэжаныкIа и бын пажэхэр щыщIалъхьэжа хамэщIым щытхьащ хьэлъэрэ гуауэкIэ гъэнщIауэ илъэс 13! Лъэпкъым и политикэ, цIыху хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудам къищынэмыщIа, хэхэс хъуа балъкъэрхэм къайхьэлъэкIырт хамэ щIыпIэмрэ дэ къытхуэгъэзауэ екIуэкI щIэпхъаджагъэмрэ.
Мы махуэм дигу къыдогъэкIыж, къатехьа лейр яхуэмышэчу, гуауэм иукIа ди нэхъыжьыфIхэр. Пэжщ, куэдым къагъэзэжат хэкум, ауэ хамэщIым я нэгу щыщIэкIа гугъуехьым и мычэзууэ дунейм иригъэхыжари мащIэкъым, я лъапсэжьхэм гу щахуэжыну хунэмысу.
Псом япэрауэ фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт балъкъэр анэхэм, гъащIэм и хьэлъэр зышэчахэм, лэжьыгъэ хьэлъэ зи фэм дэзыгъэхуахэм, бын гъэсэным зезыгъэлIэлIахэм, гъаблэм щIэблэр щызыхъумахэм. Абыхэм быдэу я фIэщ хъурт ирагъэбгына жьэгу пащхьэр зэрагъуэтыжынур, ди адэжьхэм я сынхэм зэгуэр Iэ зэрыдалъэжынур.
Нобэ дигу къыдогъэкIыж нэхъыфIу къытхэта, лъэпкъым къыхэжаныкIа, гъуазэ тхуэхъуа псалъэхэмкIэ дыкъэзыгъэхуабэу щытахэр.
Ди нэхъыжьхэр бэшэчу, Iущу, хахуэу къекIуэкIащ. Абыхэм я фIыгъэщ дэ нэгъуэщIхэм дазэрыхэмышыпсыхьар, балъкъэру дыкъызэрынэжар, ди бзэмрэ хабзэмрэ зэрытхъумэжар. Лъэпкъым къигъэзэжа нэужь, гъащIэр щIэрыщIэу ухуэн щIидзэжат. Апхуэдэу къэщIэрэщIэжащ балъкъэр щэнхабзэри тхыдэри. УсакIуэм ижыIауэ: «ЩыIэжкъым гуауи зэман хьэлъи, ди жьэгухэр къуршым щыблэжащ!».
Илъэс 80 блэкIыжащ абы лъандэрэ… Ауэ илъэс къэс, гъатхэпэм и 8-м, ди лъым хэтщи, къызэщIоушэ гуауэр. Ар зэи мыкIуэдыжын дыркъуэу телъщ ди щIыфэм.
Пэжщ, щIэблэщIэм ищIэркъым а гугъуехьыр зыхуэдар. Ауэ абыхэм къагурыдгъэIуэну ди къалэнщ ди адэжьхэм я нэгу щIэкIа гузэвэгъуэр зищIысыр.
Дунейм захуагъэ тетти, ди хэкур дгъуэтыжауэ ди къуэш адыгэхэм, урысхэм, адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу тэмэму допсэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым зыдогъэужь хуитыныгъэм и телъхьэ щIыналъэ дахэу. Ди гур хузэIухащ щIэщыгъуэм, зэхъуэкIыныгъэфIхэм. ДызэрефIэкIуэнумрэ зэрызыдужьынумрэ дыхущIэкъуу хэкум дыхуолажьэ. Дэ быдэу дощIэ ди хуитыныгъэхэр щагъэлъапIэ, ди нэхъыжьхэм пщIэ щыхуащI, щIэблэм я гъуэгур щызэIуха псэукIэ дызэриIэнур.
ЛIышхуэ гуэрым жиIат: «БлэкIам дыхуэIэмалыншэщ, ауэ къэкIуэнур ди IэмыщIэ илъщ!».
Аращи, дыпсэунщ, блэкIар тщымыгъупщэу, фIым дыщыгугъыу ипэкIэ дыплъэу, тхузэфIэкIыр Урысей Федерацэм хуэдлэжьу, мамырыгъэм дрителъхьэу.