ПсэукIэр зэрыщефIакIуэр нэрылъагъущУрысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ. Ди щIыналъэм и унафэщIым къулыкъущIэр щигъэгъуэзащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм. Макроэкономикэм блэкIа илъэситхум иIа хэхъуэр къапщтэмэ, щIыналъэм зиужь зэпыту йокIуэкI. Республикэ бюджетым и хэхъуэр нэхъыбэ хъуащ. 2023 гъэм абы и мылъку зэхэлъыр мелард 70-м нэсащ, ар 2018 гъэм елъытауэ тIукIэ нэхъыбэщ. Федеральнэ бюджетым къыхэкIыу социальнэ дэIэпыкъуныгъэм трагъэкIуэдащ сом мелард 30. Абы къищынэмыщIауэ, езы республикэм и мылъкукIэ псэукIэм ехьэлIа гугъуехьхэр зэфIихыну Iэмал иIэ хъуащ. Къапщтэмэ, проценти 8,3-кIэ хэхъуащ бюджетым къыхэкIыу ят улахуэр.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 17:09 →
Хэт и дамэр нэхъ кIыхь?
08.05.2024 - 16:06 →
Зауэм и бынхэм гулъытэ хуащIу
08.05.2024 - 14:02 →
Радиом и махуэм теухуа телечэщанэ джэгу
08.05.2024 - 13:00 →
Зи пIалъэр икIахэр къуащэнукъым
08.05.2024 - 12:38 →
ЛIыгъэ зыхэлът
|