Псатхьэм къыщигъэзэжынур

Ди нэхъыжьыфIхэм ятеухуа гукъэкIыжхэр, абыхэм я гуащIэр зи лъабжьэ тхыгъэхэр уасэ зимыIэщ. Махуэ къэси я гугъу пщIыми къызэмыкуэдэкIыну цIыху гъуэзэджэхэр зэи дигу ихуркъым. Абы и лъэныкъуэкIэ Iэмал гъуэзэджэщ газетри, абы и лэжьакIуэхэм апхуэдэ зы щхьэусыгъуи зэрыбламыгъэкIынум яужь итщ. КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур теухуа газет напэкIуэцI згъэхьэзыру «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ, драматург Къаныкъуэ Заринэ селъэIуат абы теухуа тхыгъэ мыин дыдэ схуитхыну. Налом и ныбжьэгъуу къилъытэу щыта бзылъхугъэм игъэхьэзырар хуабжьу сигу ирихьат. Аращ ар, нэхъыбэ еджэмэ сфIэфIу, нобэ къыщIэсщтэжар.   

ИСТЭПАН Залинэ.

 

* * *

ЦIыхур дунейм къытохьэри йохыж. Лъэужьыншэр нэхъыбэщ. Лъэужь дахэ къэзыгъэнам псэухэр йохъуапсэ. Нало Заур къигъэнар зы цIыху и лъэужь закъуэкъым, дунейпсо хуэдиз мэхъу. Къызэгуэдывгъэх и тхылъхэм ящыщ – щIэныгъэр зи лъабжьи, лъэпкъ литературэм и курыхыу зетхьэхэри – дэтхэнэри щыхьэтщ: Налом зы дунеишхуэ къытхуигъэнащ, гугъэкIэ зыщыдгъэнщIрэ гъащIэ къыщытхыхьэжу, дигу къигъэкIыжащ тIэщIэхуа хабзэр, къытIурилъхьэжащ ди бзэр… 

НАЛО Заур и сабиигъуэр гугъут, и адэр къыщхьэщытыжакъым – зы лажьэ имыIэу дашащ, ягъэтIысри, ягъэкIуэдащ. БлутIэ (арат Заур и цIэ лейр) къуажэ кIыщым щылэжьэн хуейуэ къытрагъахуэри, еджапIэ кIуэну хуимыту къыщIрагъэдзыжат, ауэ, и насып кърихьэкIри, гъукIэ нэхъыжьу яхэт Къэжэр ХьэкIашэ щIэныгъи бгъэдэлъу, цIыхугъи хэлъу къыщIэкIащ. Налом и «Къру закъуэ» новеллэм и лъабжьэр аращ. ИужькIэ, тхакIуэ къыщищIыкIым, Налом тхылъ щэныкъуэм щIигъу къыдигъэкIыну хунэсащ. Пхъуантэ дэз дыщэ къуатами, епт хъункъым языхэзыр… Сыту гуащIафIэт, сытуи цIыху телъыджэт ди нэхъыжьыр! Абы и усэхэм, и псысэхэм деджэу дгъэкIуащ ди сабиигъуэр: «ЦIыху напэ», «Бзухэм я бзэ» поэмэхэр гукIэ тщIэрт, итхыжа хъыбархэр зэхуэтIуэтэжырт... Си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым ди псысэусым зэгуэр сыхуэзэну.

«Iуащхьэмахуэ» журналым сыщылажьэу (илъэс пщыкIутху и пэ) дызэрыцIыхури, чэнджэщ къызитмэ, сыгушхуэу, Iуэхутхьэбзэ гуэр сигъащIэмэ, си щхьэр лъагэу слъагъужу дыкъызэдекIуэкIащ. Нало Заур и тхыгъэ дзыхь къыпхуищIу уригъэлэжьыну – ар пщIэшхуэт сэркIэ, тхэн щIэздзагъащIэти. Хьэрф зырызу къыщыпщыпкIэ, ущеджэжкIэ я купщIэр уи гум нэсынтэкъэ? Си гум хыхьэжырти, си псэр ягъэкъабзэрт Налом и тхыгъэхэм.

ЩIэныгъэшхуэ бгъэдэлът: бзэм, IуэрыIуатэм, философием, тхыдэм зэреджам, куууэ зэрыхищIыкIым нэмыщI, дуней псом щызекIуэ сурэт щIыкIэхэм, макъамэхэм щыгъуазэт. И гъащIэм нэхъ гъэщIэгъуэн дыдэу илъэгъуахэм щытепсэлъыхькIэ, Заур зи гугъу ищIыр музейхэрат.

«УзыщIэхъуэпсыр сыт?» - жиIэри, илъэс блыщIым ит Налом журналист Ширдий Маринэ еупщIат. «Урыхужь и Iуфэ унэ цIыкIу сыщIэсу сыпсэунт, фIыуэ слъагъу щхьэгъусэ сщIыгъуу», - жиIэри, жэуап итыжащ. Ар сигу къинарэ абыкIэ сыхуэхъуапсэу, махуэ гуэрым Заур редакцэм къыщIохьэри, и нэ нащхъуитIыр къигуфIыкIыу хъыбар жеIэ: «Щхьэгъусэ къэсшэжащ! (ТхакIуэр куэд щIауэ и закъуэу псэут, бынитI зыдигъуэта и щхьэгъусэр дунейм ехыжауэ). Къишэжар Жыгунхэ япхъу Нусэт.  Илъэс пщыкIутIкIэ зэдэпсэуащ Зауррэ Нусэрэ, Урыхужь и Iуфэ Iумысами, зэдэнасыпыфIахэщ. ИкIи Нало дадэм и усэныр къеблэжри, аргуэру усащ, тхылъипщI нэблагъи елэжьыжащ а зэманым.
         «Къру закъуэ» тхылъыр иужь дыдэу дунейм къытехьахэм ящыщщ. Мыр 1981 гъэм къызэрыдэкIыу зэбграхри, цIыхум яхузэрымыгъэгъуэту къэнати, етIуанэу къыдагъэкIыжу арат, ауэ иужьрей илъэсхэм итха новеллэхэри хэдгъэхьат, «Жыг хъурсанэ» жыхуиIэри хэту. А хъыбарыр зэриухыр мыращ (жыг телъыджэм жеIэ): «...Псатхьэм мы фи хэкур къыщIигъэщIар жэнэт ищIыну арат. Ауэ фи лъэпкъыр – адыгэкIэ зэджэр! – къигъэщIа нэужь, къыфхэплъэжри – дахагъэрэ, узыншагъэрэ, лIыгъэрэ, цIыхугъэрэ, лэжьыгъэрэ, акъылкIэ къыфпэхъун щимылъагъум, жэнэтыр нэгъуэщI щIыпIэ ихьри, мы лъахэ телъыджэр фэ къывитащ. Аргуэру къыфкIэлъыплъри, итIани егупсысащ: хьэуа къабзагъэкIи, псы IэфIыгъэкIи, щIым и пшэрагъкIи зихуэдэ щымыIэ хэкум ис лъэпкъым хуэфэщэн бзэи иIэпхъэщ! – жиIэри, адыгэбзэр къыфIурилъхьащ, дунейм цIыхуу тетыр къывэхъуапсэу. Ауэ къыфкIэлъыплъыжщ, фигъэунэхущ аби, фи хьэуа къабзэри фымыгъэлъапIэу, фи псы IэфIри фымыхъумэу, фи щIыгулъ пшэрми фыщымысхьу, фи бзэ шэрыуэри зэвмыпэсыжу гу щылъитэм, зыкъыфхуигъэгусэри, Хьэршым кIуэжащ.

- Псатхьэ жыхуаIэр сыт езыр? – Кушбий доплъей, егъэджакIуэм еупщI хуэдэу.

- Ар вжесIаи иджыпсту: лъахэри, цIыхури, лъэпкъри къэзыгъэщIыр Псатхьэращ. Мы мэзыжьри, мэзыжьым щIэтри, щIэсри, щIэжри зи IэщIагъэр Псатхьэращ. Мо фэ вгъэщIагъуэу езгъэжьа гупыр зэрезгъэжьари абыхэм я унафэщ.

- ЫнтIэ, къашэжыфыну абыхэм ди Псатхьэр? КъахуэмыкIуэжмэ, дауэ хъуну? - си нэпс къызэпижыхьам гу лъызмытэу соупщI, жэуап дахэкIэ сыгугъэу.

- КъахуэмыкIуэжмэ, фэри фыунэхъуащ, дэри дыкъэсэхыжащ, - жи Хъурсанэ, и нэпсым уэсэпсу къызэпижыхьауэ. - Ауэ сэ си гугъапIэр фщIэрэ? Бынунэр адэм елъэIумэ хуэгъэщIэхъун и щIэблэр?

Хъурсани   поплъэ,      дэри  дыпоплъэ…»
         Ярэби, Нало Заур къытхуигъэна дунейр псэкIэ тхузыхэщIэ дыхъуатэмэ, абы зи гугъу ищI цIыхугъэр тхэлъыжатэмэ, къимыгъэзэжыну пIэрэт ди Псатхьэм? Си щхьэ соупщIыж, жэуапри си гум къызжеIэ: къигъэзэжынут…

 

 

Поделиться: