Лажьэхэри ягу къок Iыж

 

Мэлыжьыхьым и 1-м социальнэ пенсэхэр хагъэхъуэнущ. Ахэр зратыр ирикъуу лэжьыгъэ стаж зимыIэхэрщ, ныкъуэдыкъуэхэрщ, зыпIын зыщхьэщымытыж унагъуэрщ. Ику иту апхуэдэ пенсэхэм проценти 7,5-кIэ заIэтынущ, ауэ ахэр нэхъ тэмэму зэлъытауэ щытынур  щIыналъэм   упсэун  папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуейуэ щIыналъэм щагъэувамрэ абыхэм пенсионер щхьэхуэхэм папщIэ щыIэ льготэхэмрэщ. Ар хъарзынэщ.

ШыщхьэуIум и  1-м зы мащIэ къыщIагъунущ лажьэ пенсионерхэми.  НаIуэу зэрыщытщи, инфляцэм епхауэ абыхэм я  пенсэхэр индексацэ ящIыркъым, ауэ  блэкIа илъэсым лейуэ къахьа баллхэм тещIыхьауэ хущIагъу. Жэпуэгъуэм и  1-м  дзэ пенсионерхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэ яIэрыхьэхэр индексацэ ящIынущ. ИкIэм-икIэжым, 2025 гъэм щIышылэм и  1-м хущIагъунущ страховой пенсэу зратхэу мылажьэ цIыхухэм.

 

  Жылагъуэ

         ЩIыналъэм щыпхырыкIыркъым

 IэщIагъэлIхэм къызэралъытамкIэ,  иджы къежьа электрон тутынхэм Кавказ Ищхъэрэм щIэупщIэшхуэ щаIэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, Ингушымрэ Шэшэнымрэ ахэр къыщагъэсэбэпыххэркъым, вейпхэр (электрон тутынхэм апхуэдэу щоджэ) щащэр туристхэр здекIуалIэ щIыпIэхэрщ.

Кавказ Ищхъэрэм и адрей  республикэхэми мыбыхэм щыдихьэххэр мащIэщ: псалъэм и хьэтыркIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым ахэр зэрыщыхъур тутынафэ псоми я проценти 4,5-рэщ, Дагъыстэным проценти 5,4-рэщ. ЗытIэкIукIэ нэхъыбэщ Осетие Ищхъэрэмрэ (проценти 6,4-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ (проценти 6,6-рэ) щефэхэр.

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм ящыщу мыбдеж къыщыхожаныкI  Ставрополь крайр: мыбы тутынафэхэм я процент 26-м къыщыхах электрон теплъэ зиIэ апхуэдэ щхъухьхэр. Абы и лъэныкъуэкIэ Ставропольем къэралым еянэ увыпIэр щиIыгъщ.

Зэрыщыту къапщтэмэ, Урысейм вейпхэр, ягъэхуабэ малIэкIанэхэр нэхъ къыщызыщтэхэр тутынафэ псоми я процент 17,5-рэ щыхъуащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыху мелуани 4,5-рэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ а бжыгъэм блэкIа илъэситхум хуэдэ 46-кIэ зиIэтащ.

                            Махъшокъуэ Мухьэмэд.

Поделиться: