НОБЭ

Гъатхэпэм  и 30, щэбэт

♦Урысей вулканологхэм я махуэщ

♦1934 гъэм къалъхуащ Олимп джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ я чемпион Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд.

♦1941 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Дэбагъуэ Хьэсэн.

♦1946 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ щыта, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.

♦1956 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Къэрал Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Хъупсырджэн Албэч.

♦1958 гъэм къалъхуащ КъБР-м и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ Бажэ Дотий.

♦1961 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и унафэщI-редактор, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист ЖьэкIэмыхъу Маринэ.

♦1973 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, спортым и мастер, УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Къардэн Хьэсэн.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

БлэкIам укIэлъымыджэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ