Жылагъуэ

ГъэпцIакIуэр яубыдащ

Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ Дзэлыкъуэкъуажэ щыпсэу цIыхухъум. Абы зэрыжиIамкIэ, 2021 гъэм къэрал IэнатIэм лэжьакIуэ увыну мурад ищIат. ЦIыхухъум и къуажэгъум къыхуигъэлъэгъуащ Iэмал имыIэу зыхуеину дэфтэрхэр хузэхуихьэсыну, сом мини 100 иритмэ. Илъэсым къриубыдэу цIыхухъум «дэIэпыкъуэгъум» ахъшэ хуиутIыпщащ лэжьапIэ увын папщIэ Iэмал имыIэу зыхуеину тхылъхэр хузэригъэпэщын папщIэ.

Iуэхур щызэфIэмыхьэм, дзэлыкъуэдэсыр республикэм икIащ, ауэ къигъэзэжа нэужь хабзэхъумэ органхэм захуигъэзащ.

Налог щIыхуэшхуэ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэр зэхэгъэкIынымкIэ и езанэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ налогхэр тыным зэрызыпыIуадзым ехьэлIауэ.

КъызэрыщIагъэщамкIэ, 2019 - 2021 гъэхэм фирмэм и унафэщIхэм налог декларацэм дыщIагъуа уасэмрэ хэхъуэмрэ пэкIуэ налогым ехьэлIа хъыбар нэпцIхэр я финанс-хозяйствэ лэжьыгъэм кърикIуахэм къыщагъэлъагъуэри, сом мелуани 151-рэ налогыу ятакъым.

Iуэхур зэхагъэкI, апхуэдэуи бюджетым хамылъхьа налогхэр зэрырагъэпшыныжыным яужь итщ.

Зыкъамыту хэкIуэдащ

УФ-м и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм Iэщэ яIыгъыу къазэрыпэщIэувам теухуауэ.

Щыуагъэм щахъумэу

ЩIэпхъаджагъэ зрахьэу тутнакъэщым исауэ къикIыжахэм яIущIащ КъБР-и и УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ, икIи тутнакъэщым къикIыжахэм йопсалъэ, аргуэру щIэпхъаджагъэ хэмыпщIэн папщIэ.

Мы зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УМВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидбийрэ управленэм и инспектор, полицэм и майор Энеев Ильясрэ.

Дэчыхыныгъэм кърикIуар

Фронтым ныбжьэгъу щызэхуэхъуат куржы щIалэ Куржорэ адыгэ щIалэ Тэркъанрэ. Зауэм узыпэмыплъа куэд къыщохъу. Мазэ хъуауэ зызэфIамыхауэ, я щыгъынхэр зэрамыхъуэкIауэ, ахэр тылым пIалъэ кIэщIкIэ къагъэкIуат тIэкIу загъэкъэбзэну. Тэркъан цыбэти, и щIыфэм хьэпIацIэ цIыкIу хищIагъэнут. Хуэмышэчыжыххэ щыхъум, абы сэххэм, блынхэм зыщихъуэрт. Абы бгъэщIэгъуэни хэлътэкъым - зауэр зауэт, псори арат.  Жэщ-махуэ ямыIэу бийм пэщIэт зауэлI тхьэмыщкIэхэм зыкIэлъыплъыжыну зэман дэнэт къыздрахынур? Арати, цIэ мыгъуэжьыр етауэ псори гугъу иригъэхьырт, гъэкIуэдыпIи ямыIэу.

Мыщэ хужьхэр гугъу езыгъэхьыр

США-м и Геологие IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм мазитI ипэ къахутат и пIэм имызагъэу, псэупIэщIэ лъыхъуэу къэзущыхь мыщэ. И кIэм-икIэжым мыщэр къэмыувыIэу махуи 9-кIэ псым есащ, зытеувэн щIымыл имыгъуэту. ЩIыуэпс насыпыншагъэм, псэущхьэхэр гугъу зэрыригъэхьым и зы щапхъэ къудейуэ аращ ар.

ТекIуэныгъэм и диктантым къэрал 50-м щIигъу хэтынущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр. Хэку зауэшхуэм епха къэхъугъэхэр щIэрыщIэу къэзыIэтыж, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэхэуэхэмрэ зэрыхэгъэгъуу зэлъыщIызыгъэс, лIыхъужьхэмрэ ТекIуэныгъэм телэжьахэмрэ я цIэхэр утыкум къизыхьэ а гукъэкI дахэр хуэунэтIащ цIыхубэ тхыдэм теухуауэ щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, зи лъахэрэ зи лъэпкърэ фIыуэ зылъагъу щIэблэ къэгъэтэджыным.

МыкIуэдыжын фэеплъ

Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм цIыхубзхэм фронтым щызэрахьа хахуагъэр псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Абыхэм я фэм куэд дэхуащ, фIыщIэри щытхъури яхуэфащэрэ зыщыдгъэгъупщи мыхъуну.

ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъэхэм етхуанэ увыпIэр щиубыдащ. АбыкIэ япэ увыпIэм щытщ Камчатскэ крайр. Абыхэм я деж зыгъэпсэхуакIуэ кIуэ туристым хьэщIэщым щIэтIысхьэну зыщригъэтха махуэмрэ щыщIэтIысхьамрэ я зэхуакум мазитI пIалъэ иримыкъу дэлъщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым махуэ 35,9-рэ. 

Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы. Гуэлыр ину къалъытэркъым, джэдыкIэ теплъэ иIэу хуэкIыхь-хъурейщ, и кIыхьагъыр хуэгъэфэщауэ километри 2 мэхъу, зы километр и бгъуагъщ, ику иту метритI и кууагъыу аращ. Ставрополь куеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэпылъыпIэр гуэлым икухэм деж хуозэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ