Щыуагъэм щахъумэу

ЩIэпхъаджагъэ зрахьэу тутнакъэщым исауэ къикIыжахэм яIущIащ КъБР-и и УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ, икIи тутнакъэщым къикIыжахэм йопсалъэ, аргуэру щIэпхъаджагъэ хэмыпщIэн папщIэ.

Мы зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УМВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидбийрэ управленэм и инспектор, полицэм и майор Энеев Ильясрэ.

Энеевыр тепсэлъыхьащ тутнакъэщым къикIыжахэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт, лэжьапIэ зэрагъэув, я щыIэкIэ-псэукIэр зэрызэтраублэж, я узыншагъэм зэрырагъэIэзэ, хуитыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм.

Бэгъуэт Хьэмидбий жиIащ УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр цIыхухэм щаIущIэ махуэ хэхахэр зэраIэр. А зэIущIэхэм тутнакъэщым къикIыжахэри кIуэ зэрыхъунур, я Iуэху дагъэкIынымкIэ къадэIэпыкъун, чэнджэщэгъу къахуэхъун абдеж зэрыщагъуэтынур.

Хабзэхъумэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ къекIуэлIахэм я упщIэхэм жэуап пыухыкIахэр иратащ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: