Жылагъуэ

ХэкулI хахуэ

Гур здэкIуэм кIуэфыр лIыфIщ, жиIащ пасэрей адыгэм. ЛIыфIым къыщымынэу, абы насып къызэрыдэкIуэри, гупсэхугъуэрэ берычэтрэ къызэрыпэкIуэри щынэрылъагъущ Тыркум къыщалъхуа, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжауэ тыншу щыпсэу Къетыкъуэ Мухьэрэм и гъащIэм. Хэхэсыныр зи натIэ хъуа адыгэ мелуанхэм ящыщт Мухьэрэм. И натIэ къритхар арами, Тхьэм фIыуэ илъэгъуахэм я бжыгъэм хэтти, хэкужьым унагъуэ щыхъужыну, и щхьэ Iуэху щызэрихуэжыну, лажьэу-шхэжу и гъащIэр щрихьэкIыну къыхуэупсэжащ. 

И мыхьэнэр сыт щыгъуи инщ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ аук­ционкIэ, зэхьэзэхуэкIэ ящэ-къащэхум ехьэлIа Iуэхухэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къызэры­щызэрагъэпэщым.
 
ЗэIущIэр КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыу­жьыныгъэмрэ хьэрычэт Iуэху­хэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэмрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. 

ЦIыху мин 74-м щIигъум дэIэпыкъуныгъэр яIэрыхьащ

Сабий къызыхэхъуа унагъуэм мазэ къэс къэралым зэрызыщIигъакъуэ ахъшэр зэрагъэбелджылым щытеп­сэ­лъыхьащ КъБР-м и Парламентым Лэ­жьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и зэIущIэм.

Сату Iуэхум еухуауэ

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ аук­ционкIэ, зэхьэзэхуэкIэ ящэ-къащэхум ехьэлIа Iуэхухэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къызэры­щызэрагъэпэщым.
 
ЗэIущIэр КъБР-м и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, зыу­жьыныгъэмрэ хьэрычэт Iуэху­хэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщ­хьэмрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм я лэжьакIуэхэр, IэщIагъэлIхэр. 

ФIыгъуэ куэдым я къежьапIэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къы­хилъхьа жэрдэмымрэ  къыдигъэкIа унафэмрэ тету, 2024 гъэр ди къэралым щагъэу-ващ Унагъуэм и илъэсу. Абы ипкъ иткIэ, ды­зытехьа илъэ­сым къриубы­дэу къэралым щалэжьыпхъэ Iуэхугъуэхэм ящыщ куэд хуэгъэпсауэ           щы­тынущ уна­гъуэхэм адэкIи за­щIэгъэ­къуэным, абы илъ  фIыгъуэхэр хъумэным. 

«ЛIыхъужьхэм я бынхэр» пэхуэщIэм тету

Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэ­джэныгъэ IэнатIэм и Iэ­щIагъэлIи 150-м я зэфIэкIым ­хагъэхъуащ «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектым (пэхуэщIэм)  къриубы­дэу. IэщIагъэлIхэр хуеджащ щы­тыкIэ гугъум ихуа, зи адэр зауэм щыIэ сабийхэм, унагъуэ­хэм зэрадэлэжьапхъэ щIы­кIэ­хэм. Ахэр зи къалэн нэхъыщхьэ зэхуэс ин махуищкIэ ще­кIуэкIащ Псыхуабэ къалэм дэт «Мэшыкъуэ» егъэджэныгъэ центрым. Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэт КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Мэшыкъуэ» цент­рыр, «Iуащхьэмахуэ» универ­ситет зэгуэтыр. 

Зи щIалэгъуэхэр зэрегъэцIыху

Мы махуэхэм ди республикэм щокIуэкI «Зэныбжьэгъугъэм и лъэмыжхэр» нэгузегъэужь-хэкупсэ слётыр. Iуащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэсащ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь крайм щиIэ къудамэхэм хэт ныбжьыщIэ жыджэрхэр. Абыхэм яхуэзащ икIи гуапэу епсэлъащ зи цIэ къитIуа щIыналъэхэм я унафэщIхэу КIуэкIуэ ­Казбек, Темрезов Рашид, Владимиров Владимир сымэ. 

Сабии 170-рэ кърагъэблэгъащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек и унафэкIэ республикэм кърагъэблэ­гъащ Белгород областым щыщ ныбжьыщIи 170-рэ.

Украинэм IэщIэкIэ зэщIэузэда и къарухэр зыхэуа щIыпIэм щыпсэу цIыкIухэм зыщагъэпсэхунущ «Лэгъу­пыкъу» республикэ сабий центрым. Сабийхэм зыхуей хуэзэу загъэпсэхунымкIэ, я узыншагъэр зэфIагъэувэ­жынымкIэ мы IуэхущIапIэм щытыкIэ псори къы­щы­хузэрагъэпэщащ.

Лажьэхэри ягу къок Iыж

 

Мэлыжьыхьым и 1-м социальнэ пенсэхэр хагъэхъуэнущ. Ахэр зратыр ирикъуу лэжьыгъэ стаж зимыIэхэрщ, ныкъуэдыкъуэхэрщ, зыпIын зыщхьэщымытыж унагъуэрщ. Ику иту апхуэдэ пенсэхэм проценти 7,5-кIэ заIэтынущ, ауэ ахэр нэхъ тэмэму зэлъытауэ щытынур  щIыналъэм   упсэун  папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу узыхуейуэ щIыналъэм щагъэувамрэ абыхэм пенсионер щхьэхуэхэм папщIэ щыIэ льготэхэмрэщ. Ар хъарзынэщ.

ЛIыхъужьыгъэм и щапхъэ

Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард Лэкъумэн и къуэр Хэку зауэшхуэм зэрыхэкIуадэрэ мы гъатхэпэ махуэхэм илъэс 80 ирикъуащ.

Къэбард Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1920 гъэм дыгъэгъазэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэу адэ-анэншэу къанэри, и къуэш нэхъыжь Къубатийрэ абырэ зэрыбыным я нэIэ тету къэхъуащ. Къэбард Хэкум и къуэ пэжу, шынэ зымыщIэ танкисту, ныбжьэгъуфIу, цIыху хьэлэлу, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэу щытауэ къаIуэтэж.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ