Жылагъуэ

Ухуэныгъэхэр йокIуэкI

Нартан къуажэм дэт амбулаториер зэрагъэпэщыж. 1992 гъэм яухуауэ щыта а медицинэ IуэхущIапIэм иджы япэу елэжьу аращ.
Къуажэ амбулаторием цIыху мини 10 къегъэщIылIащ, сабийхэри балигъхэри зэхэту. «Узыншагъэр хъумэн» пэхуэщIэм хиубыдэу ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ щхьэгъубжэхэр яхъуэжащ, бжэхэм, унэм екIуалIэ ток кIапсэхэмрэ псыр зэрыщIашэ икIи къагъэсэбэпар къызэращIашыж бжьамийхэмрэ мыгувэу я пIэм ирагъэзэгъэнущ.

Ныбжьыщ1эхэр драгъэхьэх

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм и актовэ пэшым щагъэлъэпIащ КъБР-м МафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 190-рэ, Урысейм МафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIпэр илъэс 375-рэ зэрырикъум хуэгъэпса, мафIэсым пэщIэтыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа сабий творчествэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэр. 

Тэрч щIыналъэм щыхъыбархэр

Жыг хадэ цIыкIу
«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхущIэм хыхьэу лажьэ «Къалэдэсхэм я тыншыпIэхэм хуэдэхэр къуажэхэм къыщызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ 2023 гъэм и кIэхэм Акъбащ Ипщэ къуажэм жыг хадэ цIыкIу щаухуащ, къуажэкум Ленинымрэ КIэрэфымрэ я цIэхэр зэзыхьэ и уэрамхэм я зэхыкIыпIэм хуэзэу. Псори зэхэту абы ирагъэубыдащ метр зэбгъузэнатIэу 3740-рэ. 

ЛЪЭПКЪЫМ И БЛЭКIАР УИ НЭГУ КЪЫЩIАГЪЭУВЭЖ

Ермаков Дмитрий сурэт техыным куууэ щыхыхьар 1860 гъэхэрщ. Перс къэралыгъуэм 1870 гъэхэм нэгузегъэужьакIуэ, зыплъыхьакIуэ кIуауэ, абы щытрихащ а щIыналъэр зыхуэдэр, лъэпкъым и псэукIэр, и щэнхабзэр IупщIу уи нэгу къыщIэзыгъэувэ сурэт Iэджэ. Абыхэм я фIыгъэкIэ Ермаковым къыфIащащ «Зи щIыхьыр лъагэ перс пащтыхьым и сурэттех» цIэр. Абы сурэт куэд иIэщ Тифлис къалэм, Кавказым, Тыркум, Персым ятеухуауэ. И IэдакъэщIэкIхэм къапэкIуэу 1874 гъэм къратащ Франджым щыIэ сурэттех жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтымрэ Мэзкуу къалэм антропологиемкIэ 1878 гъэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм и дамыгъэмрэ. 

«Лэгъупыкъум» и псы дахэхэр

Прохладнэ щIыналъэм щыIэ «Лэгъупыкъу» IуэхущIапIэм лэжьэн зэрыригъажьэрэ илъэсипщI хъуауэ аращ, ауэ а зэман кIэщIым къриубыдэу абы къыщIигъэкI, пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIхэмрэ къахищIыкI псы IэфIхэр щIыпIэ куэдым къыщацIыхуащ. «Морсок»-щ абыхэм зэреджэр. 

ТехникэщIэхэр нэхъыбэ мэхъу

Дызэрыт илъэсым зэрыщIидзэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ техникэ зэмылIэужьыгъуэу 54-рэ. Абыхэм ящыщу 46-р тракторщ, 6-р гуэдз зэрыIуахыж комбайнщ, 2-р къэкIыгъэхэр зэрызэрахьэ нэгъуэщI техникэщ. Нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым ирихьэлIэу къахуэщэхуам нэхърэ ар 24-кIэ нэхъыбэщ.

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIуощIэ

Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм къащхьэщыжынымкIэ «Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр» къэрал фондым КъБР-м щиIэ и къудамэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прокуратурэмрэ зэрызэдэлэжьэнумкIэ зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм тету, Дзэлыкъуэ щIыналъэм и прокурор Карпов Александр щIыналъэм щыщу дзэ Iуэху хэхам хэтхэм яIущIащ. СВО-м къалэн щезыхьэкI, пIалъэкIэ я унэ къекIуэлIэжа зауэлIхэм абы зыхуагъэзащ уIэгъэ хъуахэм ират федеральнэ, щIыналъэ мылъкум, я псэупIэхэр зыхуей хуэгъэзэным и IуэхукIэ.

Iэщ щхьэ бжыгъэм къыхохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер хозяйствэхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм псоми зэхэту Iэщрэ джэдкъазу яIыгъым я бжыгъэм къыхэхъуащ.

ХьэрычэтыщIэхэм зыщIагъакъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым хьэрычэт мыинымрэ курытымрэ я IэнатIэхэм (МСП) щыпэрытхэм зэрыхудачых кредит ахъшэхэр етынымкIэ республикэм щыIэ банкхэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирагъэкIуэкI. Урысейм и Лъэпкъ банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ сом мелард 16,0 банкхэм иратащ, абы щыщу сом меларди 4,9-р уней IуэхущIапIэхэм.

Бытырым и мардэр

КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и ЩIэныгъэлI зэIущIэм унафэ къищтащ ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и суннэмрэ ар щэхьабэхэм зэрызэпкърахамрэ тету, 2024 гъэм и бытырым и нэхъ мащIэр соми 100 хъууэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ