|
Жылагъуэ
16 апреля, 2024 - 05:50
Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къратащ «УФ-м щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэр.
15 апреля, 2024 - 09:26
«Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.
15 апреля, 2024 - 09:25
Космонавтхэм ерыскъы узыншэ яшхыным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы елъытащ я узыншагъэри, жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхур нэсу ягъэзэщIэнри, космосым ихьа нэужь я Iэпкълъэпкъым климат зэхъуэкIыныгъэр зэрызыхищIэнури. Абы къыхэкIыу орбитэм къыздащтэ шхынхэр егупсысауэ къыхах – ар медицинэр зыкIэлъыплъа мардэкIэ зэхагъэувэ. Урысейм и космонавтхэм шхын яхуегъэхьэзыр Бирюлевскэ эксперемент заводым.
14 апреля, 2024 - 09:57
Дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэ закъуэм къриубыдэу Iуащхьэмахуэ лъапэм зыщагъэпсэхуащ цIыху мини 103-м щIигъум. «Iуащхьэмахуэ» курортыр къызэрызэIуахрэ апхуэдэ бжыгъэхэр абы и тхыдэм щыяпэу аращ. Иджыпсту бгы лъапэм щолажьэ кIапсэ гъуэгуи 5-рэ лыжэкIэ бгыщхьэм укъыщежэх хъуным хуэщIауэ гъуэгу 23-рэ. АтIэ, 2021 - 2023 гъэхэм я гъатхэпэ мазэхэм къриубыдэу ди деж зыщызыгъэпсэхуахэм я бжыгъэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу, мин 56-рэ, мин 58-рэ, мин 78-рэ хъуауэ аращ.
14 апреля, 2024 - 09:26
Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м щекIуэкIащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэ дохутыр-эндоскопистхэм папщIэ къызэрагъэпэща мастер-класс.
14 апреля, 2024 - 07:01
КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам я пашэу республикэм и дохутыр гуп иджыблагъэ щыIащ Херсон областым и медицинэ IуэхущIапIэ зыбжанэм. IэщIагъэлIхэм зрагъэлъэгъуащ Краснэ, Лазурнэ, Новониколаевкэ къуажэхэм дэт амбулаторэхэмрэ Владимировкэ жылэм дэт ФАП-мрэ. Апхуэдэу ахэр щыIащ Скадовск дэт район сымаджэщым, абы мы гъэм и гъатхэпэ мазэ лъандэрэ ди щIыналъэм щыщ анестезиолог-реаниматолог гуп щолажьэ.
13 апреля, 2024 - 11:47
Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ - мазаем къриубыдэу УФ-м и щIыналъэхэм я промышленнэ индексым и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ, нэгъабэ и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм ар ирагъэпща нэужь.
13 апреля, 2024 - 09:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм Космонавтикэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
12 апреля, 2024 - 14:42
Иджыпсту екIуэкI хэхыныгъэ Iуэхухэм нэхъыбэрэ къыщаIэт упщIэхэм язщ щIыпIэ пхыдзахэм щыщ сабийхэмрэ Мэзкуу, Санкт-Петербург хуэдэ къалэшхуэхэм къыщыхъуахэмрэ зэхуэдэу зэрызаужьын, щIэныгъэм нэхъ куууэ зэрызыхагъэгъуэзэн Iэмал зэрамыIэр. Ауэ, ди лъэпкъ Iущыгъэм зэрыжиIэщи, еджэнур - еджэнущ.
12 апреля, 2024 - 12:41
2023 гъэм щэкIуэкIуэ мазэм къэмыувыIэу сыхьэти 8-кIэ зи щхьэгъусэр зубэрэжьурэ зыIэщIэукIа, Къэзахъстан Республикэм Лъэпкъ экономикэмкIэ и министру щыта Бишимбаев Куандык и судыр ящIэ мы махуэхэм. Дуней псом бзылъхугъэу тетым афIэкIа Iуэху ямыIэжым хуэдэу кIэлъоплъ а судым. Дауи! ПцIы, Iулъхьэ, благъэ жыпIэми, Iэмалу щыIэр къигъэсэбэпу жэуапым IэщIэкIыну мурад зыщIа къулыкъущIэр «пщэфэцкIэ» яфIиубыдащ, хеящIэми ткIийуэ пэщIэуващ зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыгуэкI бзылъхугъэ цIыкIуу, IэмащIэлъэмащIэу узыIуплъэ прокурор Аймагановэ Айжан.
Страницы
|