Адыгэ тхьэлъэIужьхэр зэрыт тхылъыщIэ

 Истамбыл дэт, Кавказым теухуа тхылъхэр тезыдзэ IуэхущIапIэм къыщыдэкIащ адыгэхэм я дин зехьэкIэм теухуауэ ипэкIи тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIа Къущхьэ Эрдал и тхылъыщIэ: «КъурIэн лъапIэм и адыгэбзэ зэдзэкIыгъэхэмрэ дин псалъалъэмрэ».
 «Мы тхылъыр Iыхьищу зэхэтщ, - зыхуегъазэ тхылъеджэм ар зи IэдакъэщIэкIым: 1) АдыгэбзэкIэ зэрадзэкIа КъурIэн тхылъхэр. 2) Адыгэбзэм щызекIуэ дин псалъэхэмрэ псэлъафэхэмрэ. 3) Адыгэ хъуэхъухэр».
 Япэ Iыхьэм Къущхьэ Эрдал щроплъэж КъурIэн лъапIэр адыгэбзэм кърагъэзэгъэн Iуэхугъуэр хэгъэгу щхьэхуэхэм зэрыщекIуэкIам. Тхылъым гуэдзэн хуэхъуа сурэтхэм дэ щыдолъагъу Мейкъуапэ 1992 гъэм къыщыдэкIа, Куэщбей Пщымахуэрэ МэшбащIэ Исхьэкърэ ягъэхьэзыра зэдзэкIыгъэри, 2001 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыдэкIауэ щыта, Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Нало Заур, Болий Мустэфар сымэ я «КъурIэнри», Елгъэр Кашиф 2006 гъэм, Къалмыкъ Аднан 2020 гъэм къыдагъэкIахэри.
 Тхылъыр зэрытхар тыркубзэщ, ауэ тхакIуэм дин фIэщыгъэхэри хъуэхъухэри адыгэбзэкIэ етхри, я мыхьэнэр тыркубзэкIэ зэредзэкIыж. Абы и фIыгъэкIэ куэдрэ дызримыхьэлIэ адыгэ хъуэхъухэм дащыхуозэ мы тхылъым: унэщIэ щIэтIысхьэжам, Iэнэм пэрытIысхьам, нысэ къэзышам къахуэщхьэпэну тхьэлъэIухэм, хьэгъуэлIыгъуэ хъуэхъухэм, мазэщIэм, гъатхэпэм яхуэгъэзахэм, дунейм ехыжам е къытехьагъащIэм ятеухуам.
 «Мыр Узуняйла нэхъыжьхэм я деж щызэхэсха духьэщ, - щетх Къущхьэ Эрдал ещанэ Iыхьэм, «Iэнэм щыпэрытIысхьэм деж ящI духьэ» псалъащхьэм щIэту. - Шхэн ямыублэ щIыкIэ духьэ щIыныр Ибрэхьим Бегъымбарым и суннэу щытауэ жаIэж. Шхэн яуха нэужьи хьэрыпыбзэкIэ ди Бегъымбар ЛъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам зэрищIам хуэдэу, Iэнэ духьэр къабж хабзэщ: «Бисмиллахьи Ррэхьмани Ррэхьим. Я Алыхь! Дызыгъашхэми дызыдэшхэми хъер зыхэлъыр къахуэщIэ. Я мурадыфIхэр къегъэхъулIэ. Мы Iэнэр къэзыIэта унагъуэри зыхуэныкъуэ щымыIэу гъэпсэу. Я унагъуэм хъер-берычэтыр иумых. Тхьэм муслъымэну щыIэм хъер зыхэлъыр къытхуищIэ. Ди лIахэм гущIэгъу къахуищI. Алыхьышхуэм зауэм, гуауэм, узыфэ Iейхэм цIыху псори дыщихъумэ, мамыру дызэдигъэпсэу. Дэ хъуэхъуэкIэ тщIэркъым, ди нэхъыжьыфIхэм жаIа хъуэхъухэр Тхьэм къабыл ищI. Тхьэр фIыкIэ зэхъуэхъуну муслъымэнхэм ящыщ дищI. ИIэ-тIэ фежьэ, бисмиллахь».
 Шхэн яухауэ, Iэнэхэр щаIэтыжкIэ, мыпхуэдэу духьэ ящI: «Фи Iэнэхэр убагъуэ, фи егъухэр укIуэд. Тхьэм жэнэт шхыну къывитыж. Тхьэм фи унагъуэм хъер-берычэтыр иримыхкIэ».

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: